Уэрэд 27 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр27-нэ Уэрэд Тхьэм зиущэхумэ Даут и уэрэд 1 Сыноджэ, Зиусхьэн: си абрэмывэм макъыншэ зумыщӀ, зыбущэхуу къызжумыӀэмэ, хьэдрыхэ ехыжхэм яхуэдэ сыхъунщ. 2 Къызэхэх си лъэӀу макъ, сыноджэ щыхъукӀэ, си Ӏэхэр, уи унэшхуэ лъапӀэм хуэсшийурэ, къэсӀэт щыхъукӀэ. 3 Ер зылэжьа бзаджащӀэхэм садумыгъэкӀуэд, гъунэгъухэм яхэт щыхъукӀэ, ахэр мамырыгъэм топсэлъыхь, ауэ я гум бзаджагъэр илъщ. 4 Ялэжьам елъытауэ ядэпсэу, яхуэфащэмкӀэ етэж абыхэм; я бзаджэщӀагъэ егъэпшыныж, я ӀэщӀагъэ пегъуэкӀ егъэгъуэтыж. 5 Зиусхьэныр зэрызекӀуэм, абы я нэӀэ и ӀэщӀагъэм теткъыми, зэхикъутэнщи, къигъэщӀыжынкъым ахэр. 6 ЩӀыхьыр зейр Зиусхьэнырщ, сыту жыпӀэмэ си лъэӀу макъ Абы зэхихащ. 7 Зиусхьэным гуащӀэ къызет, мэӀу къысхуохъу; сыщогугъ Абы сигукӀэ, сэ Ар къыздощӀ, си гур Абы къегъэжан; абы папщӀэ си уэрэдкӀэ щӀыхь хузощӀ Абы. 8 Зиусхьэныр и цӀыху лъэпкъым гуащӀэ къезытщ, къыхиха пащтыхьым и хъумапӀэщ, и быдапӀэщ. 9 Уи цӀыху лъэпкъыр къегъэл мыкӀуэду, Ӏэхъуэ хуэхъу, хуэгумэщӀ игъащӀэкӀэ уи ӀыхьэфӀ хъу цӀыху лъэпкъым! |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden