Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


26-нэ Уэрэд ЩӀыхь тхьэлъэӀу
Даут и уэрэд

1 Зиусхьэныр си нэхунэщ, си КъегъэлакӀуэщ: хэт сызыщышынэнур? Зиусхьэныр си гъащӀэм и хъумапӀэщ: хэт шынагъэ зыхузиӀэнур?

2 БзаджащӀэхэр, си пэрыуэгъухэри си бийхэри, къыстобанэ, сызэпкъратхъыну; лъэпэрэпэнхэщи, джэлэнщ ахэр.

3 Дзэр къызэбгъэрыкӀуэми, сышынэнкъым, сигу къэдзыхэнкъым, къыспэтэджми зауэр – абы щыгъуэми сиӀэнщ гугъэ.

4 Зызакъуэщ сэ Зиусхьэным сызэрелъэӀур, зызакъуэщ дапщэщи сызылъыхъур: къэзгъэщӀэну махуэхэм я кӀуэцӀкӀэ сыщыпсэуну Зиусхьэным и унэм, Зиусхьэным и фӀыгъэ слъагъуну, Ар и унэ щызгъэлъэпӀэну.

5 Сыту жыпӀэмэ махуаем щхьэегъэзыпӀэ схуэхъунурэ, сыщихъумэнщ, и шэтырым сыщӀигъэпщкӀуэнщ, абрэмывэм сыдрихьеинщ шынагъуэншэу.

6 Си бийхэу сыкъэзыувыхьхэм ящхьэкӀэ сыщысӀэтынщ итӀанэ, сэри Абы и шэтырым гуфӀэгъуэ макъышхуэкӀэ щысщӀынщ къурмэнхэр, Зиусхьэным уэрэд хужысӀэурэ, и щӀыхь сӀуэтэнщ.

7 Къызэхэх, Зиусхьэн, си макъыу сынызэроджэр; гущӀэгъу къысхуэщӀи, жэуап къызэт.

8 Уэ жыпӀэгъащ: «Сэ сызыхуэдэр зэвгъащӀэ». Си гум къызжиӀащ Уэр папщӀэ: «Зиусхьэн, узыхуэдэр зэзгъэщӀэнщ».

9 СщумыгъэпщкӀу уи нэгу; губжьым ухэту, сэ, уи ӀурыщӀэр, ӀэщӀыб сумыщӀ. ДэӀэпыкъуэгъуу узиӀащ Уэ; сыхыфӀумыдзэ, сыкъомыбгынэ, Тхьэуэ си КъегъэлакӀуэ!

10 Сыту жыпӀэмэ си ани си ади сыкъабгынами, Зиусхьэным сызришэлӀэнщ.

11 Уи гъуэгур сыгъащӀэ, Зиусхьэн, си бийхэм сащыпхъумэну, гъуэгу захуэм сытегъэхьэ:

12 къыспэувхэм саӀэщӀумыгъахуэ, щыхьэт нэпцӀхэр къыспэтэджащи, абыхэм ягу къысхуоплъ.

13 Ауэ псэ зыпытхэм я щӀыгум Зиусхьэным и фӀыщӀагъэр зэрыщыслъагъунур си фӀэщ мэхъу.

14 Зиусхьэным щыгугъ, зыгъэбыдэ, уигури иребыдэ, Зиусхьэным щыгугъ, зышыӀэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan