Уэрэд 25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр25-нэ Уэрэд ЦӀыху хейм и тхьэлъэӀу Даут и уэрэд 1 Сызэрыхейр къыхэгъэщ, Зиусхьэн, мыхъун збгъэдэмылъу сызекӀуащи, Зиусхьэным сыщогугъ сэ, сигукӀэ шэч къытезмыхьэу. 2 Сыгъэунэху, Зиусхьэн, сыуплъэкӀу; си гуи си пси гъэунэху; 3 сыту жыпӀэмэ Уэ уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр си нитӀкӀэ солъагъу, щыпкъагъэ пхузиӀэу сопсэу. 4 ЦӀыху хьилэхэм садэтӀысыркъым сэ, напитӀ зиӀэ цӀыхухэми сахыхьэркъым. 5 БзаджащӀэхэм я гупыр слъагъу хъуркъым, цӀыху щӀэпхъаджэхэми гъусэ сахуэхъуркъым. 6 Си Ӏэ хейхэр стхьэщӀурэ, Зиусхьэн, къызокӀухь уи къурмэнщӀыпӀэр, 7 фӀыщӀэ зыхэлъ уэрэд жысӀэурэ, уи Ӏуэху щӀагъуэхэр яхузоӀуатэ. 8 Зиусхьэн! Уэ уи унэ псэупӀэ фӀыуэ солъагъу, уи щӀыхьым и псэупӀэри аращ. 9 Си псэр ядыхомых гуэныхьыщӀэхэм, лъым щӀэнэцӀхэм садомыгъэкӀуэд – 10 ер зылэжьу, зи Ӏэ ижьым Ӏулъхьэр из зыщӀахэм. 11 Сэ сызэрыкъабзэу сопсэу; сыхэшыж, гущӀэгъу къысхуэщӀ. 12 Сэ гъуэгу захуэм сытетщ; Зиусхьэным и щӀыхьыр щысӀуэтэнщ зэхуэсышхуэм. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden