Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


23-нэ Уэрэд ЩӀыхьышхуэ зиӀэ пащтыхьыр
Даут и уэрэд

1 Зиусхьэным и Ӏэ илъщ щӀыгури абы щыӀэ псори; дунеишхуэри абы щыпсэу псори;

2 Ар Абы хыхэм ятригъэувэри, псыхэм щигъэбыдащ.

3 Хэт Зиусхьэным и Ӏуащхьэ дэкӀуеину, хэт Абы и щӀыпӀэ лъапӀэм иувэну хуитыр?

4 Зи Ӏэхэр къабзэу, зигу хейр, зигу бзаджагъэм хуэзымыгъазэу, тхьэрыӀуэ нэпцӀ зымыщӀыр арщ.

5 А цӀыхуращ Зиусхьэным и нэфӀ зыщыхуэнур, а цӀыхум и хеягъэр КъегъэлакӀуэ Тхьэм къыхигъэщынщ.

6 Апхуэдэщ Абы лъыхъухэр, и нэгу зыхуэзыгъазэр Екъуб и Тхьэм.

7 Фэ, къалэ куэбжэхэ, фыкъызэӀукӀ, фэ, бжэ уахътыншэхэ, зыкъызэӀуфх, щӀыхьышхуэ зиӀэ Пащтыхьыр къихьэн папщӀэ.

8 Хэт щӀыхьышхуэ зиӀэ пащтыхьыр? Зиусхьэну быдэр, лъэщыр, зауэ гуащӀэшхуэ щызиӀэр арщ.

9 Фэ, къалэ куэбжэхэ, фыкъызэӀукӀ, фэ, бжэ зэи мыкӀуэдыжхэ, зыкъызэӀуфх, щӀыхьышхуэ зиӀэ Пащтыхьыр къихьэн папщӀэ.

10 Хэт щӀыхьышхуэ зиӀэ Пащтыхьыр? Нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Зиусхьэныр арщ щӀыхьышхуэ зиӀэ Пащтыхьыр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan