Уэрэд 22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр22-нэ Уэрэд Зиусхьэныр си Ӏэхъуэщ Даут и уэрэд 1 Зиусхьэныр си Ӏэхъуэщ, сэ зыми сыхуэныкъуэнкъым. 2 ХъупӀэ щӀагъуэхэм гупсэхуу сыщегъэпсэу Абы, сыбгъэдешэ псы Ӏэсэхэм. 3 Си псэр къегъэпсэуж; щыпкъагъэм и гъуэгу сытрешэ Езым и цӀэм папщӀэ. 4 Ажалым и ныбжь хъуатэ сыдыхьэми, сыщышынэнкъым ем, Уэ укъысщӀыгъущи. Уи Ӏэхъуэ башымрэ гъуэгум щыпӀыгъ башымрэ гузэгъэгъуэ къызатыж сэ. 5 Си бийхэм ялъагъуу, къысхуэбгъэхьэзыращ Уэ Ӏэнэ дэгъуэ, жьантӀэр къызыбопэсри, си Ӏэгубжьэм изыбзэ къыбощӀ. 6 Апхуэдэу уи фӀыгъэ, уи нэфӀ, махуэ дапщэ сэ къэзгъэщӀэнуми, сыщыщӀэнкъым, Зиусхьэным и унэм игъащӀэкӀэ сыщыпсэунщ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden