Уэрэд 21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр21-нэ Уэрэд Гузэвэгъуэ джэ макърэ щӀыхь уэрэдрэ 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Нэхущыгъуэм деж къэлъагъуэ мэз бжэным ехьэлӀа уэрэдым и макъамэр щӀэлъу жаӀэ. Даут и уэрэд 2 Си Тхьэ! Си Тхьэ! Сыт щхьэкӀэ сыкъэббгына Уэ? Сыт щхьэкӀэ спэжыжьэ ухъуа, Сыт щхьэкӀэ сыкъыумыгъэлрэ, си гухэщӀ макъ зэхыумыхрэ? 3 Си Тхьэ! Сыгызурэ, сыноджэ махуэм, арщхьэкӀэ Уэ жэуап къызэптыркъым; жэщри аращ – згъуэтыркъым гупсэхугъуэ. 4 Ауэ Уэ улъапӀэщ, тахътэм утесу, израил цӀыхухэм щӀыхь къыпхуащӀ. 5 Ди адэжьхэр Уэ къыпщыгугъащ; хэкӀыжащ, къыпщыгугъти; 6 ахэр Уэ къоджати, псэууэ къэнэжащ; Уэ къыпщыгугъырти, щӀебгъэгъуэжакъым ахэр. 7 СыхьэпӀацӀэщ сэ, сыцӀыхукъым, цӀыхухэм нэмыплъ къызат, лъэпкъым сызэрипэсыркъым. 8 Сыкъэзылъагъу псори къысщодыхьэшх, я нэщхъ къысхузэхалъхьэурэ, я щхьэхэр ягъэсыс. 9 «Мыр Зиусхьэным щыгугъащи, хрешыж, игу къыхуэфӀмэ, кърырегъэл», – жаӀэ абыхэм. 10 Уэращ сыкъизышар ныбэ кӀуэцӀым, си анэм и бгъафэ сыщыщӀэлъам, укъысхуэсакъащ. 11 Ныбэм сыкъызэрикӀыу, Уэ сыппэщӀэхуащ; си анэ и ныбэ сыкъыщикӀам щыублауэ Уэращ си Тхьэр. 12 Спэжыжьэ зумыщӀ; нэщхъеягъуэр благъэщ, дэӀэпыкъуэгъуи щыӀэкъым. 13 Танэжь куэдым сыкъаувыхьащ; Башан и танэжь лъэщ куэдым сыкъаухъуреихьауэ, 14 аслъэным хуэдэу, я жьэ ущӀауэ, къызжьэхэпхъуэурэ мэгъуахъуэ. 15 Сэ, псым хуэдэу, сикӀутащ; си къупщхьэхэр псори зэрыпкӀам хуэдэщ, си гур шэхум хуэдэ хъуащ, си бгъэм илъ гур ткӀуащ. 16 Хьэкъущыкъу къутам хуэдэу, си джийр гъущӀащ, си бзэгур си джийм епщӀыжащ, ажалым и сабэ сыхъуным нэмыщӀ, Уэ къысхуэбгъэнэжаӀакъым. 17 Аращ, сыкъаувыхьащ хьэхэм, цӀыху ябгэхэм сыкъаухъуреихьащ, си Ӏэхэм, си лъакъуэхэм къахэпыджащ. 18 Къэплъытэн плъэкӀыни си къупщхьэхэр, ауэ си бийхэр къызоплъ, я нэхэр къыстраубыдауэ къызоплъ. 19 Си щыгъынхэр зэхуагуэш, си фащэхэм папщӀэ пхъэидзэ ящӀ. 20 Ауэ Уэ спэжыжьэ зумыщӀ, Зиусхьэн, Уэращ си щӀэгъэкъуэныр! укъыздэӀэпыкъуну къэпӀащӀэ; 21 си псэр щыхъумэ джатэм, хьэхэм ящыхъумэ си гъащӀэр. 22 Аслъэным и жьэм сыкъыжьэдэхыж, вы Ӏэлым и бжьэм сыфӀумыгъахуэ. 23 Си лъэпкъэгъухэм уи хъыбар езгъэщӀэнщ, цӀыху зэхуэсым уи щӀыхь щысӀуэтэнщ. 24 Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэ, Абы щӀыхь хуэфщӀ! Екъуб и лӀэужьхэ, Абы и щӀыхь фӀуатэ! Израил лъэпкъым зэрыщыту Абы фӀэлӀыкӀ хувиӀэ! 25 Сыту жыпӀэмэ хэутэн ящӀам Абы нэмыплъ къритакъым, и нэгу щигъэпщкӀуакъым, ауэ зэхихащ и макъ дэӀэпыкъуныгъэкӀэ ар къыщелъэӀум. 26 Зэхуэсышхуэм зи щӀыхь щысӀуатэр Уэращ; Уэ фӀэлӀыкӀ къыпхуизыӀэхэм я пащхьэм псалъэу стар щызгъэзэщӀэжынщ. 27 ТхьэмыщкӀэхэр шхэнщ икӀи загъэнщӀыжынщ; Зиусхьэным зыхуэзыгъазэхэр Абы щретхъу; гъащӀэ кӀыхь, насыпыфӀэ ирехъу ахэр! 28 ЩӀыгум и къуапэ псоми Зиусхьэныр ягу къыщыкӀыжынщи, Абы зыкъыхуагъэзэнщ; цӀыху лъэпкъ мащӀэ псоми Абы и пащхьэ щхьэщэ щащӀынщ. 29 Сыту жыпӀэмэ тепщэныгъэшхуэ зиӀэр Зиусхьэныращ, Абы и ӀэмыщӀэм илъщ цӀыху лъэпкъхэр. 30 ЗыкъызыфӀэщӀыжауэ щӀыгум тет псоми щхьэщэ хуащӀынщ Абы; хьэдрыхэ кӀуэжыну псоми щхьэщэ хуащӀынщ Абы; ауэ Зиусхьэным и фӀыгъэкӀэ сэ сыпсэунщ. 31 Къэхъуну цӀыхухэри хуэлэжьэнщ Абы, къэкӀуэну щӀэблэхэм Зиусхьэным и хъыбар хуаӀуэтэнщ. 32 ДяпэкӀэ къэхъуну цӀыхухэм жраӀэнщ Зиусхьэным захуагъэу хэлъыр. Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэныращ ар зи ӀэщӀагъэр. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden