Уэрэд 20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр20-нэ Уэрэд ТекӀуэныгъэм ехьэлӀа щӀыхь 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд 2 Зиусхьэн! Уэ лъэкӀыныгъэу уиӀэм щогуфӀыкӀ пащтыхьыр, лъэщ дыдэу ирогуфӀэ укъызэрыддэӀэпыкъуам. 3 Абы игукӀэ фӀэигъуэр хуэпщӀащ Уэ, и лъэӀу псалъэм къебгъэгъэзакъым. 4 Сыту жыпӀэмэ уи нэфӀ щыхуащ абы, укъыпегъуэкӀащ, дыщэ къабзэм къыхэщӀыкӀа тажыр къыщхьэрыптӀэгъащ. 5 ФӀыкӀэ бгъэпсэуну къолъэӀуащ ар – Уэ абы гъащӀэ мыухыж ептащ. 6 ЩӀыхь ин дыдэ игъуэтащ абы Уэ укъызэрыдэӀэпыкъуам папщӀэ. Лъытэныгъэшхуэ дызепхьащ, пащтыхь ин пщӀащ. 7 Уи нэфӀ щыхуащ абы игъащӀэкӀэ, ар мэгуфӀэ, Уэ ущӀыгъущи. 8 Сыту жыпӀэмэ пащтыхьыр щогугъ Зиусхьэным, Псом нэхърэ Нэхъ Лъагэм и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым и хьэтыркӀэ абы и тахътэр зэтетынщ. 9 Уэ, пащтыхь, уи Ӏэ къихьэнщ уи бийхэр, уэ уи жагъуэгъу псори уи Ӏэ ижьым ӀэщӀэкӀынкъым. 10 УкъыщылъагъуэкӀэ, мафӀэ жьэгушхуэ зэщӀэплъам хуэдэ пщӀынщ ахэр; Зиусхьэным и губжьым ахэр ӀэщӀэкӀынкъым, мафӀэм хисхьэнщ ахэр. 11 Абыхэм къатехъукӀахэр щӀыгум тебгъэкӀуэдыкӀынщ Уэ; я быни я лӀэужьи щымыӀэжыну, яхэбгъэкӀуэдыкӀынщ цӀыхухэм. 12 Бзаджагъэ къуащӀэн ягу илъащ абыхэм, я зэран къуагъэкӀын я хьисэпащ, ауэ ягъэзэщӀэн ялъэкӀакъым. 13 Сыту жыпӀэмэ ахэр епхужьэжынщ Уэ, Уи шабзэхэмкӀэ шабзэшэхэр я нэгум ебутӀыпщынщ. 14 ЗыкъэӀэт, Зиусхьэн, гуащӀэу уиӀэр къэгъэлъагъуэ. Уэрэд жытӀэурэ, уи гуащӀэм и щӀыхьыр тӀуэтэнщ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden