Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


2-нэ Уэрэд ФӀэлӀыкӀ хувиӀэу, Тхьэм фыхуэлажьэ
Даут и уэрэд

1 Сыт щхьэкӀэ зэрыхьзэрийрэ цӀыху лъэпкъхэр, Ӏуэху пщӀэншэхэр щӀызэрахъэр сыт цӀыху лъэпкъхэм?

2 Сыт зыкъызыхуаӀэтыр щӀым щытепщэхэр, зэгуроӀуэ тепщэныгъэ зиӀэхэр, Зиусхьэнми Абы Хихами пэувыжхэу?

3 «Зэпыдудынщ абыхэм я пщэхъухэр, я Ӏэхъулъэхъухэм даӀэщӀэкӀынщ».

4 Ящодыхьэшх уафэм щыпсэур, ящӀонакӀэ абыхэм Зиусхьэныр.

5 Губжьым хэту, епсэлъэнщ Ар, Абы и губжьышхуэм ахэр игъэшынэнщ, мыр яжриӀэурэ:

6 «Си Ӏуащхьэ лъапӀэу Ционым тепщэныгъэр щиӀыгъыну си пащтыхьыр тезгъэуващ».

7 Зиусхьэным иухэсар жысӀэнщ: Абы сэ къызжиӀащ: «Уэращ си Къуэр, Адэ сыпхуэхъуащ нобэ.

8 Сэ къызэлъэӀуи, цӀыху лъэпкъхэри тыгъэ лъапӀэу, щӀылъэри зэрыщыту уи Ӏэ илъыну уэстынщ;

9 уи тепщэныгъэ башкӀэ абыхэм уеуэнщ; кхъуэщыным хуэдэу ахэр зэхэпкъутэнщ уэ».

10 Аращи, пащтыхьхэ, акъыл зэвгъэгъуэт; зывгъасэ, щӀым тепщэныгъэ щызиӀэхэ.

11 Зиусхьэным фыфӀэлӀыкӀыурэ фыхуэлажьэ, фи гур къилъэту фыгуфӀэ*.

12 Зиусхьэныр вгъэлъапӀэ, Ар къыфхуэмыгубжьын, фызытет гъуэгум фытемыкӀуэдэн папщӀэ; сыту жыпӀэмэ Абы и губжьыр щӀэх къызэщӀэплъэнущ. Гъуэгу махуэ теуващ Абы щхьэегъэзыпӀэкӀэ зыхуэзыгъазэ псори.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan