Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


18-нэ Уэрэд Зиусхьэным и хабзэ

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд

2 Тхьэм и щӀыхьыр яӀэт уафэхэм, и ӀэщӀагъэм и хъыбар еӀуатэ уафэлъащӀэм.

3 Тхьэм и щӀыхьыр зы махуэм адрей махуэм лъегъэӀэс, зы жэщым адрей жэщым ирегъащӀэ Тхьэм и хъыбар.

4 ЩыӀэкъым бзэ, щыӀэкъым псалъэ, абыхэм я макъ къэӀуркъым.

5 Абыхэм я макъыр къыщокӀуэкӀ зэрыщӀыгуу, я псалъэхэр дуней гъунапкъэхэм нос. Дыгъэм и псэупӀэр Тхьэм абыхэм яхигъэуващ.

6 КъэзышагъащӀэр и фызыр зэрыс унэм къызэрикӀым хуэдэу, ар къыкъуокӀ, цӀыху жэру къэжапӀэр къызэрижыхьынум щыгуфӀыкӀым хуэдэу.

7 Ар зы уафэ гъунэм къыщожьэ, адрей уафэ гъунэм нэсу къекӀухь, и хуабэ здынэмыс щыӀэкъым.

8 Зиусхьэным игъэува хабзэр щыщӀагъэншэщ, уи гум и гуащӀэр егъэбыдэ, Зиусхьэным и псалъэ гъуазэр щыпкъэ защӀэщ, цӀыху къызэрыгуэкӀхэр абы акъылыфӀэ ещӀ.

9 Зиусхьэным пщэрылъ къытхуищӀхэр тэрэзщ, гур ягъэжан, Зиусхьэным и унафэхэр нэхунэщ, уагъэлъагъу щӀэныгъэр.

10 Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀ къабзэщ, игъащӀэкӀэ щыӀэнущ ар. Зиусхьэным и хьэкумыр щыпкъагъэщ икӀи захуагъэщ.

11 Тхьэм и хьэкумхэр дыщэм хуэдэщ, уеблэмэ дыщэ къабзэ куэд дыдэм йофӀэкӀ, фохьэкум нэхърэ нэхъ ӀэфӀщ.

12 Уэ уи ӀурыщӀэр абыхэм ягъасэ, уагъэгъуазэмэ абыхэм – аращ ӀыхьэфӀыр.

13 Хэт зи дагъуэхэр зыдэзыщӀэжыр? ЗыдэзмыщӀэж дагъуэхэмкӀэ сыгъэкъабзэ.

14 ЗыдэсщӀэж гуэныхьхэм сэ, уи ӀурыщӀэр, сащыхъумэ – абыхэм я Ӏэ илъ сымыхъуну. Абы щыгъуэм сызэрагъэкъуэншэн гуэри збгъэдэлъынкъым, гуэныхьышхуэхэмкӀи сыкъэбзэнщ.

15 Си жьэм къыжьэдэкӀ псалъэхэри сигу илъхэри Уэ уигу ирихьын ирехъу, Зиусхьэн, Уэращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэри си щхьэ къэзыщэхужари.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan