Уэрэд 17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр17-нэ Уэрэд ТекӀуэныгъэм ехьэлӀа уэрэд 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд Зиусхьэным и ӀурыщӀэ Даут, Зиусхьэным ар Шаули адрей и бий псоми емыкӀуэдылӀэну щащихъумэм, Зиусхьэным хуэкӀуэу мы уэрэдым хэлъ псалъэхэр мыпхуэдэу жиӀащ: 2 Уэ фӀыуэ узолъагъу, Зиусхьэн, Уэращ къару къызэзытыр. 3 Зиусхьэныращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэ быдапӀэу сиӀэр, бийхэм саӀэщӀэзыхыр, си Тхьэр – си къуршу щхьэегъэзыпӀэу сиӀэр, си мэӀур, сыкъезыгъэл гуащӀэшхуэр, си щтапӀэр. 4 ЩӀыхь зыхуэфащэ Зиусхьэным селъэӀуащи, саӀэщӀехыж си бийхэм. 5 Ажал лъахъэм сахузри, псы уэр ябгэм сапхъуэтащ. 6 Хьэдрыхэ лъахъэм зыкъызашэкӀащ, сихуащ ажалым и хъым. 7 ЩӀыпӀэ зэвым сихуауэ, Зиусхьэным зыхуэзгъэзащ, си Тхьэм селъэӀуащ къыздэӀэпыкъуну. И унэшхуэм ису, Абы си макъ зэхихащ, лъэӀэсащ Абы си джэ макъыр. 8 ЩӀыгур къэсысри, къэлъэлъащ, къущхьэ лъащӀэхэр къэтхытхри, къэкӀэзызащ, Тхьэр къэгубжьащи. 9 Абы и губжьым зыкъригъэӀэтащ пшэсым, и жьэм къыжьэдэкӀащ узыхь мафӀэр; мафӀэлыгъэр Абы къиутхащ. 10 Ар къехащ, уафэр къиблэрэкӀри, Абы и лъэгу щӀагъым кӀыфӀыбзэ щыхъуащ. 11 Къэрыубым тетӀысхьэщ, зиӀэтри, лъэтащ Ар, жьым и дамэм Ар ирихьэжьащ. 12 КӀыфӀыр тепӀэн зыхуищӀащ Абы, псыр зыхэз уафапшэ Ӏувхэр Абы зришэкӀащ. 13 Абы и нэхунэ кӀэрыкӀащ пшэхэр зэрызехьэу, мафӀэстхъумрэ уэфымрэ къахэтакъуэу. 14 Къыщыгъуэгъуащ Зиусхьэныр уафэгум, Псоми я нэхъ Лъагэм и макъ къигъэӀуащ. 15 КъиутӀыпщри и шабзэшэхэр къатрипхъащ и бийхэм, ирикъухьащ ахэр бжыкӀэ. 16 Хым и щӀэр къэлъэгъуащ, дунеишхуэм и лъабжьэхэр къыщӀигъэщащ, уи бийхэм уащыхуэгубжьым, уи гъуагъуэ макъкӀэ уащыхуилъым, Зиусхьэн. 17 И Ӏэр лъагапӀэм къришиехащ, сиубыдри сыкъыхишыжащ Абы псы уэрхэм. 18 Си бий лъэщхэм саӀэпихащ, сызылъагъу мыхъуу сэр нэхъ гуащӀэшхуэхэм сащихъумащ. 19 ТхьэмыщкӀагъэм сыщыхэт махуэм абыхэм зыкъыспаӀэтащ сэ, ауэ Зиусхьэныр щӀэгъэкъуэну сиӀащ. 20 ЩӀыпӀэ Ӏэхуитлъэхуит сыкъришэри, сэ Абы сыкъригъэлащ: сыту жыпӀэмэ сэ Абы игу срохь. 21 Щыпкъагъэу хузиӀам пэкӀуэу, Зиусхьэным фӀы къысхуищӀащ; си къабзагъэм хуэфащэ фӀы къысхуищӀащ. 22 Сыту жыпӀэмэ сэ Зиусхьэным и гъуэгухэм сахуэщыпкъэщ, си Тхьэм и гъуэгу сытекӀакъым бзаджагъэкӀэ. 23 Сыту жыпӀэмэ Абы и хьэкумхэр псори си пащхьэщ, хабзэу Абы игъэувахэм пэӀэщӀэ зысщӀакъым. 24 Абы и дежкӀэ мыхъун лъэпкъ сщӀакъым, мысагъэм сыхэмыхуэн щхьэкӀэ, сысакъащ. 25 Абы щыпкъагъэу хузиӀэм, си Ӏэхэм я къабзагъэм пэкӀуэу Зиусхьэным фӀы къысхуищӀащ. 26 Къыпхуэпэжым пэжыгъэ пхэлъу удызокӀуэ, мыхъун гуэри зыбгъэдэмылъым Уэри уигу хуилъкъым мыхъун. 27 Къабзэм – къабзэу, хьилэм хуэфащэ хьилагъэ иботыж Уэ. 28 Сыту жыпӀэмэ хэутэн ящӀа лъэпкъыр Уэ хыбошыж, ауэ зыкъызыфӀэщӀыжхэр уогъэцӀыкӀу. 29 Си гъуэгу уэздыгъэр щӀыбогъанэ Уэ; сызыхэт кӀыфӀыгъэр Абы къегъэнэху – Зиусхьэну си Тхьэм. 30 Узигъусэмэ, дзэ пакӀэм сытекӀуэнщ сэ, си Тхьэр си гъусэу къалэ блыным сыщхьэдэхынщ. 31 ЩыщӀагъэншэщ си Тхьэм и гъуэгур, Зиусхьэным и псалъэм шэч хэлъкъым; щхьэегъэзыпӀэкӀэ хуэкӀуэ псоми Ар я мэӀущ. 32 Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным нэмыщӀ, хэт Тхьэр, дыкъэзыхъумэ абрэмывэр хэт, ди Тхьэм нэмыщӀ? 33 Тхьэращ гуащӀэ къызэзытыр, си гъуэгур щыщӀагъэншэ схуэзыщӀыр. 34 Щыхь лъакъуэхэм хуэдэу, егъэжан си лъэр, лъагапӀэм сытрегъэт шынагъуэ хэмылъу. 35 Си Ӏэхэр зэуэным хуегъасэ – абыхэм жэз шабзэр яукъуэдиину. 36 Сыкъызэребгъэлын мэӀур Уэ къызэптащ, уи Ӏэ ижьыр къысщӀоӀэ, укъысхуэгумащӀэурэ сыбогъэлъэщ. 37 Си лъэбакъуэхэм щӀыпӀэ Ӏэхуитлъэхуит яхубощӀри, си лъакъуэхэр щӀэщӀэркъым. 38 Си бийхэм салъожьэ, сащӀохьэ, хэзмыгъащӀэуи къэзгъэзэжыркъым. 39 Сэ абыхэм лъэмбытӀ езгъэкӀуркъым, къэтэджыжыни ялъэкӀыркъым; мэджалэри, си пащхьэ къохуэ. 40 Сыту жыпӀэмэ абыхэм сезэуэн слъыбогъэкӀ Уэ, къыспэувахэр си пащхьэ щохуэх. 41 Си бийхэм я щӀыб къысхубогъэгъазэри, сызыхуэмылъагъухэр сэ согъэкӀуэд; 42 дэӀэпыкъуэгъу хуейуэ мэгуо, ауэ щыӀэкъым къезыгъэлын, итӀани Зиусхьэным зыхуагъазэ, ауэ Ар дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуркъым. 43 Жьым сабэр зэрипхъэнкӀым хуэдэу, сэ ахэр изокъухь, уэрам фӀейм хуэдэу соутэ. 44 ЦӀыху лъэпкъыу зыкъыспэзыӀэтам сащыпхъумащ, хамэ лъэпкъхэм пашэ сахуэпщӀащ. СымыцӀыхуу щыта цӀыху лъэпкъхэр къысхуэӀурыщӀэ хъуащ. 45 Си макъ зэхаха къудеймэ, жысӀэр ягъэзащӀэ, си пащхьэ къыщоубзэ хамэхэр. 46 Гъуэлагъэхэу хамэ лъэпкъхэр мэкӀэзыз зэрыс гъэпщкӀупӀэхэм къокӀ. 47 Зиусхьэныр псэущ, сыкъэзыхъумэ абрэмывэм щӀыхь хуэфщӀ. Тхьэуэ сыкъезыгъэлар урелъагэ, Тхьэм и щӀыхьыр лъагэу фӀэт. 48 Тхьэм сэр папщӀэ егъэпшынэ, Абы цӀыху лъэпкъхэр си Ӏэ кърелъхьэ. 49 Уэ, Тхьэуэ си бийхэм сакъыӀэщӀэзыхыжам, къыстебанэхэм ящхьэ сыбощӀ; цӀыху залымым сыкъыӀэщӀыбохыж. 50 НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я пащхьэм Уи щӀыхь щысӀуэтэнщ абы папщӀэ, Зиусхьэн, уи цӀэм щӀыхь уэрэд хужысӀэнщ. 51 Тхьэм Езым и пащтыхьым къыдрегъэх текӀуэныгъэшхуэхэр, Езым къыхиха Даути абы къытехъукӀыжахэми мыкӀуэдыжын лъагъуныгъэ къахуегъэфащэ игъащӀэкӀэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden