Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


16-нэ Уэрэд ЦӀыху хейм и тхьэлъэӀу
Даут и тхьэлъэӀу

1 Захуагъэ сызэрытетым папщӀэ си лъэӀу зэхэх, Зиусхьэн, уи нэӀэ къытегъэт си джэ макъ, хьилагъэ зыхэмылъ ӀупщӀэм я лъэӀум уи тхьэкӀумэ къыхуэгъазэ.

2 Си хеягъэ къэгъэлъагъуэ, Уи нэхэми щыпкъагъэр ирелъагъу.

3 Уэ си гур бгъэунэхуащ, жэщу укъэкӀуащ си деж, укъызэплъэкӀуащ, ауэ мыхъун къысхэбгъуэтакъым сэ; Ӏеягъэ гуэри жысӀэркъым.

4 ЦӀыхухэм сыт хуэдэ бзаджагъэ ящӀами, уи жьэ къыжьэдэкӀ псалъэхэм сытемыкӀыу, залымыгъэ зезыхьэхэм я гъуэгум пэӀэщӀэ зысщӀащ.

5 Си лъэр уи гъуэгум тетщ, сылъэпэрэпакъым.

6 Уэ зыпхузогъазэ сэ, сыту жыпӀэмэ Уэ жэуап къызэптынущи, си Тхьэ; уи тхьэкӀумэхэр сэ къысхуэгъази, си псалъэр Уэ къызэхэх.

7 Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжу Уэ пхэлъри къыслъыгъэс – къапэувыжхэм ящыпхъумэну уи Ӏэ ижьым деж щхьэегъэзыпӀэ лъыхъуэхэм я КъегъэлакӀуэщ.

8 Нэкум хуэдэу сыкъэхъумэ, уи дамэхэм я жьауэ щӀагъ сыщӀ.

9 БзаджащӀэхэу сэ къыстебанэхэм самылъагъуну, саукӀын зыфӀэигъуэ си бийхэу сыкъэзыувыхьхэм сащыхъумэ.

10 Абыхэм ягухэр гущӀэгъу щӀыным хузэхуэщӀащ, жьэхъуу мэпсалъэ ахэр.

11 Лъэбакъуэ счыху къэси сыкъаувыхь; я нэхэр къыстрагъэдиящ, щӀыгум сытрадзэну;

12 къопхъуэным хуэхьэзыр аслъэным ещхьщ, тӀасхъапӀэ щӀыпӀэм щыс аслъэн шырым.

13 СыкъэӀэт, Зиусхьэн, япэув абыхэм, я лъэр щӀэуд. Уи джатэмкӀэ саӀэщӀэхыж бзаджащӀэхэм,

14 уи ӀэкӀэ, Зиусхьэн, цӀыхухэм, мы дунейм афӀэкӀ псэукӀэ щызимыӀэхэм; абыхэм я адэ-анэхэми я ныбэхэр узыным нэсу, я сабийхэми къэжьыным нэсу, зрырегъэнщӀ; я лӀэужьхэми къелыжар къахуренэ.

15 Сэ уи нэгу сыщӀэплъэнщ щыпкъагъэ сиӀэу; сыкъэушыжмэ, узэрыслъагъумкӀэ сигу зэгъэнущ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan