Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


15-нэ Уэрэд Тхьэм щыгугъым и тхьэлъэӀу
Даут и уэрэд

1 Сыхъумэ, си Тхьэ, щхьэегъэзыпӀэ сщӀар Уэращ.

2 Зиусхьэным жызоӀэ сэ: «Уэращ си Зиусхьэныр; фӀыуэ сиӀэр къызыбгъэдэкӀыр* Уэращ».

3 ЩӀыгум тет Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыгу илъхэращ щӀыхь зыпылъыр, сызыщыгуфӀыкӀыр.

4 НэгъуэщӀ тхьэхэм хуэлажьэхэм гукъеуэ куэд къызыхуахьыж, лъыр зыхэт я къурмэн ядэсщӀынкъым, я тхьэхэм селъэӀункъым, я цӀэхэм я гугъу къэсщӀынкъым.

5 Зиусхьэн, Уэращ ӀыхьэфӀу сиӀэр, си насыпыр зи Ӏэ илъыр Уэращ.

6 Къысхуэбгъэфэща гъуэгухэр гуапэщ, Ӏыхьэу къыслъысамкӀэ сарэзыщ.

7 ЩӀыхь хуэсщӀынщ сызыгъэгъуазэ Зиусхьэным; жэщми си гум сеущий.

8 Зиусхьэныр сигу изгъэхуркъым игъащӀэкӀэ; Ар си ижьырабгъущи, сылъэпэрэпэнкъым.

9 Аращ сэ сыщӀэгуфӀэр, аращ гуфӀэгъуэм сыщӀыхэтыр; шынагъуэ симыӀэуи сопсэу.

10 Сыту жыпӀэмэ хьэдрыхэ сыкъибнэнукъым, сэ пэжыгъэкӀэ сыпхуэӀурыщӀащи, лӀахэм я дунейм себгъэкӀуэлӀэнкъым.

11 ГъащӀэм екӀу гъуэгур сыбогъэлъагъу; уи деж щыӀэр гуфӀэгъуэ защӀэщ, Уи Ӏэ ижьырщ тхъэгъуэр игъащӀэм къэзытыр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan