Уэрэд 148 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр148-нэ Уэрэд Тхьэм къигъэщӀа псоми щӀыхь хурещӀ Абы! Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ 1 Уафэхэм щыӀэхэ, щӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным, лъагапӀэхэм щыпсэухэ, Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ. 2 Зиусхьэным и мелыӀыч псоми щӀыхь хуэфщӀ Абы. Зиусхьэным и уафэдзэ псоми щӀыхь хуэфщӀ Абы. 3 Дыгъэми мазэми щӀыхь хуэфщӀ Абы, лыдырэ вагъуэ псоми щӀыхь хуэфщӀ Абы. 4 Я нэхъ уафэ лъагэхэми щӀыхь хуэфщӀ Абы, псыхэу уафэм я нэхъ лъагэхэми. 5 ЩӀыхь хурещӀ Зиусхьэным и цӀэм; Абы унафэ ищӀри, ахэр къигъэщӀащ; 6 игъащӀэкӀэ игъэуващ ахэр, мыкъутэжын унафэр къаритащ. 7 ЩӀыгум тетхэм щӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным, бдзэжьеишхуэхэм, кууупӀэ псоми, 8 мафӀэу, уэфу, уэсу, пшагъуэу, жьыбгъэшхуэу, Абы и унафэ зыгъэзащӀэхэм, щӀыхь хуэфщӀ! 9 Къущхьэу щыӀэхэм, Ӏуащхьэ псоми, пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм, мэз псоми! 10 ХьэкӀэкхъуэкӀэхэм, былым псоми, хьэпщхупщхэм, къэзылъэтыхь псоми! 11 ЩӀыгу пащтыхьхэм, цӀыху лъэпкъ псоми, пщыхэм, щӀылъэм тепщэныгъэ щызиӀэхэм! 12 ЩӀалэ ныбжьыщӀэхэм, пщащэ цӀыкӀухэм, лӀыжьхэм, щауэ щӀалэхэм! 13 Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь хурещӀ; сыту жыпӀэмэ Абы и цӀэр псом нэхърэ нэхъ лъагэу Ӏэтащ. Абы щӀыхьу иӀэр щӀылъэми уафэми щыӀэ псоми я нэхъ инщ. 14 И лъэпкъым гуащӀэ хилъхьащ Абы, и лъэпкъым щӀыхь хуищӀын папщӀэ, израил лъэпкъыу Езым игу пэблагъэм Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ! |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden