Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 147 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


147-нэ Уэрэд КъигъэщӀа псоми щӀыхь хуащӀ Зиусхьэным

1 Зиусхьэным щӀыхь хуэщӀ, Ерусалим; щӀыхь хуэщӀ, Цион, уи Тхьэм.

2 Сыту жыпӀэмэ уи куэбжьэ блыпкъхэр Абы егъэбыдэ, и нэфӀ къащохуэ уи къуэ къыбдэпсэухэм;

3 уи псэупӀэм мамырыгъэр щегъэбыдэ; гуэдзыфӀкӀэ уегъашхэ,

4 и унафэ щӀылъэм къытреутӀыпщхьэ; псынщӀэу зеубгъу Абы и псалъэм.

5 Цы увым хуэдэу уэсыр къет; жэпыр яжьэу кърепхъых.

6 Тыкъыр-тыкъыру уэр кърепхъых; Абы къищӀ щӀыӀэр хэт зыхуэшэчынур?

7 И псалъэ къиутӀыпщынщи, псори къэвыжынщ; жьыр къригъэпщэнщи, псыхэр къежэхэнщ.

8 Абы и псалъэ Екъуб къыжреӀэ, игъэува хабзэхэр, и хьэкумхэр – Израил.

9 Апхуэдэ хуищӀакъым Абы нэгъуэщӀ цӀыху лъэпкъ гуэрым. Абы и хьэкумхэри – ящӀэркъым абыхэм. ЩӀыхьыр ейщ Зиусхьэным!

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan