Уэрэд 146 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр146-нэ Уэрэд ЛъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Тхьэм деж щӀыхьыр 1 Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ, фӀыщ ди Тхьэм уэрэд хужытӀэныр, сыту жыпӀэмэ ар гуапэщ – Абы хуэфащэ щӀыхьыр тӀуэтэныр. 2 Зиусхьэным Ерусалим егъэувыж, еугъуеиж Израил ирахуахэр. 3 Зигу кӀуэдахэр Абы егъэхъуж, абыхэм я гухэщӀ-гукъеуэхэм йоӀэзэ. 4 Вагъуэхэм я бжыгъэр къигъэнэхуащ; цӀэ яфӀищащ абыхэм. 5 Ди Зиусхьэныр ин дыдэщ, ин дыдэщ Абы и гуащӀэри, Абы и акъылри гъунэншэщ. 6 ЛъэгущӀэт ящӀа цӀыхухэр лъагэу еӀэт Зиусхьэным, цӀыху бзаджэхэр щӀым хегуэ. 7 Зиусхьэным щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ; пшынэ дыкъуакъуэкӀэ фыдежьу ди Тхьэм. 8 Уафэм пшэ къытрегъэхьэ Абы, уэшхыр щӀым щхьэкӀэ къегъэхьэзыр, Ӏуащхьэхэм удз къыщегъэкӀ; 9 Былымхэм удз ярет, къуалэжьым и шырхэри егъашхэ. 10 Шым и къарукъым Абы игу ирихьыр; зэрыарэзыр цӀыхум и лъэм и псынщӀагъыркъым; 11 Зиусхьэным игу ирихьыр Абы фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэу и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым щыгугъхэращ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden