Уэрэд 145 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр145-нэ Уэрэд Тхьэр захуэщ 1 Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ. Зиусхьэным, сигу, щӀыхь хуэщӀ. 2 Сыпсэуху, щӀыхь хуэсщӀынщ Зиусхьэным; сэ сыпсэуху, Зиусхьэным щӀыхь уэрэд хужысӀэнщ. 3 Тепщэныгъэ зиӀэхэм фащымыгугъ, цӀыхум и къуэхэу дэӀэпыкъуэгъу хъун зылъэмыкӀынухэм. 4 И псэр хокӀри, абы и щӀыгу егъэзэж; и гухэлъхэр мэкӀуэдыж а махуэм. 5 НасыпыфӀэщ Екъуб и Тхьэр зи дэӀэпыкъуэгъур, Зиусхьэну и Тхьэм щыгугъыр, 6 уафэр, щӀылъэр, хыр – а псоми щыӀэр къэзыгъэщӀауэ, щыпкъэныгъэр игъащӀэкӀэ зыхэлъыр, 7 яужьыгуахэм я хьэкъ езыгъэгъуэту, мэжэщӀалӀэхэм щӀакхъуэ езытыр. Хьэпсым исхэр щхьэхуит ещӀыж Зиусхьэным; 8 нэфхэр къегъэплъэж Зиусхьэным, къиным иухуахэр зыпкъ ирегъэувэж Зиусхьэным; къыхуэщыпкъэхэр фӀыуэ елъагъу Абы. 9 Яхуосакъ хэхэсхэм Зиусхьэныр, фызабэм, зеиншэм доӀэпыкъу; ауэ цӀыху бзаджэхэм я гъуэгу кӀуэдыпӀэм хуегъазэ. 10 Уэ, Цион къалэ, Зиусхьэным, уи Тхьэм, иӀыгъынщ тепщэныгъэр игъащӀэкӀэ – щӀэблэм щӀэблэр кӀэлъыкӀуэу. ЩӀыхьыр ейщ Зиусхьэным! |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden