Уэрэд 144 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр144-нэ Уэрэд ЩӀыхь Уэрэд Даут и щӀыхь уэрэд 1 Сэ уи щӀыхь сӀуэтэнщ, си Тхьэу си пащтыхь, лӀэщӀыгъуэм лӀэщыгъуэр кӀэлъыкӀуэу, уи цӀэм щӀыхь хуэсщӀынщ. 2 Сыт хуэдэ махуи щӀыхь пхуэсщӀынщ, лӀэщӀыгъуэм лӀэщӀыгъуэр кӀэлъыкӀуэу, уи цӀэм щӀыхь хуэсщӀынщ. 3 Ин дыдэщ Зиусхьэныр, щӀыхьышхуэри хуэфащэщ; Абы и инагъыр зыхуэдизыр къызыфӀэбгъэщӀын плъэкӀынукъым. 4 Зы щӀэблэм адрей щӀэблэм хуиӀуэтэжынщ Уэ уи ӀэщӀагъэхэм я щӀыхьыр; уи Ӏуэхушхуэ гъэщӀэгъуэнхэм я хъыбар зэлъащӀысынщ. 5 Сэ уи инагъым и щӀыхь лъагэмрэ уи Ӏуэху щӀагъуэхэмрэ сегупсысынщ. 6 Ӏуэху шынагъуэу Уэ зэфӀэпхахэм я лъэкӀыныгъэшхуэм и хъыбар яӀуэтэнщ цӀыхухэм, сэри Уэ уи инагъым и хъыбар зэлъезгъэщӀысынщ. 7 Уэ зыхуэдэ щымыӀэу пхэлъ фӀыгъэшхуэр цӀыхухэм ягъэӀунщ, Уэ щыпкъагъэу пхэлъри уэрэду жаӀэнщ. 8 Хьэлэлщ, гущӀэгъущӀщ Зиусхьэныр, щӀэх мыгубжьу, лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж хэлъщ Абы. 9 Псоми яхуэфӀщ Зиусхьэныр, Абы къигъэщӀа псоми яхуещӀ гущӀэгъу. 10 КъэбгъэщӀауэ псэ зыӀут псоми щӀыхь къыпхуащӀынщ, Зиусхьэн, уи цӀыху лъапӀэхэм я жьэм уи щӀыхь жьэдэлъынщ. 11 Уи тепщэныгъэшхуэм и щӀыхьым и хъыбар яӀуэтэнщ, лъэкӀыныгъэ ину пхэлъыр яӀуэтэнщ, 12 лъэкӀыныгъэ ин зыхэлъ уи ӀэщӀагъэхэри щӀыхь зыпылъу, уи тепщэныгъэшхуэр зэрыинри цӀыхум и къуэхэм ящӀэн папщӀэ. 13 Уэ уи тепщэныгъэшхуэр мыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэщ. Уэ тепщэныгъэшхуэм лӀэужь псори зэлъищӀысынщ. Зиусхьэныр и псалъэ псоми хуэщыпкъэщ, и ӀуэхущӀагъэ псоми фӀыгъэшхуэ хэлъщ. 14 ЕщӀа псоми Зиусхьэным защӀегъакӀуэ, гугъуехьым иухуа псори Абы зыпкъ ирегъэувэж. 15 Къыпщыгугъыу къоплъ псори шхын ябот абыхэм игъуэм. 16 Уи Ӏэр къызэӀыбохри, псэ зыпыт псоми зыхуэныкъуэр ябогъэгъуэт. 17 Зиусхьэныр, захуагъэ хэлъу, и гъуэгу псоми тетщ, Абы и Ӏуэху псоми фӀыгъуэ яхэлъщ. 18 Зыхуэзыгъазэхэм, щыпкъагъэ хуизыӀэхэм, гупцӀанагъэкӀэ къеджэхэм псоми япэблагъэщ Зиусхьэныр. 19 ФӀэлӀыкӀ хуизыӀэхэм зыхуэныкъуэр яхуещӀэ, я гухэщӀ макъ зэхех, кърегъэл ахэр. 20 Зиусхьэныр фӀыуэ зылъагъу псори къехъумэ Абы, цӀыху бзаджэ псори лъапсэкӀуэд ищӀынущ Абы. 21 Си жьэм жиӀэнщ Зиусхьэным и щӀыхь, сыт пкъынэ-лыни игъащӀэкӀэ щӀыхь хурещӀ Абы и цӀэ лъапӀэм. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden