Уэрэд 143 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр143-нэ Уэрэд Пащтыхьым и тхьэлъэӀу 1 Сыкъэзыхъумэ абрэмывэу Зиусхьэным щӀыхь хузощӀ, си Ӏэхэр – зауэм, си Ӏэпхъуамбэхэр – бэнэныгъэм хуэзыгъасэм; 2 Езыращ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхуэзыщӀыр, быдапӀэу икӀи хъумапӀэу сиӀэр, сыхэзышыжыр, мэӀу къысхуэхъур, щхьэегъэзыпӀэу сиӀэр; цӀыху лъэпкъхэр схуэӀурыщӀэну Абы си Ӏэ кърелъхьэ. 3 Зиусхьэн! Сыт лӀэужьыгъуэ цӀыхур – Уэ уи нэӀэ абы тебгъэтыну, цӀыхум и къуэри – Уэ абы уегупсысыну? 4 ЦӀыхур жьы мащӀэм ещхьщ, абы и махуэхэр ныбжь кӀуэдыжым хуэдэщ. 5 Зиусхьэн! Уи уафэхэр къэӀуби, къех! ЯтеӀэби къущхьэхэм, ахэр зэщӀищтэнщ Ӏугъуэм; 6 уафэхъуэпскӀыр къэгъэлыди, уи бийхэр зэбгрыху; уи шабзэшэхэр утӀыпщи, ахэр зэбгрыху. 7 Уи Ӏэр лъагапӀэм къешиехи, сыкъегъэл, псыбэм сыхэшыжи; хамэ цӀыхухэм саӀэщӀэхыж, 8 мыхъумыщӀэхэр зи жьэм къыжьэдэкӀхэу, тхьэлъанэ ящӀми, пцӀы зыупсхэм. 9 Ди Тхьэ, пхужысӀэнщ уэрэдыщӀэ, бзэпсипщ зэрылъ пшынэ дыкъуакъуэмкӀэ сэ уэрэд пхужезгъэӀэнщ. 10 Уэ, пащтыхьхэм текӀуэныгъэр езытым, уи ӀурыщӀэ Даут къезыгъэлам; 11 джатэ залымым сыщыхъуми, хамэ цӀыхухэм саӀэпыхыж, мыхъумыщӀэхэр зи жьэм къыжьэдэкӀхэу, тхьэлъанэ ящӀми, пцӀы зыупсхэм. 12 КъэкӀыгъэхэр я хэхъуэгъуэ пӀалъэм зэрызэхэкӀыжым хуэдэу ди къуэхэр ирехъу, ди пхъухэр – пщы сэрейхэм щӀэт пкъо ишахэм хуэдэ. 13 Гъавэр ярыз ди гуэнхэр ирехъу, гъэнщӀауэ; ди мэлхэр щэрэ мину иребагъуэ; ди хъупӀэхэм минипщӀхэу иребэгъухь. 14 Дивхэр земыкӀуэжыфу пшэр ирехъу; ди уэрамхэм хъунщӀи, дыгъуи, гухэщӀ макъи дремыт. 15 НасыпыфӀэщ зи Ӏуэхур абы тет лъэпкъыр. НасыпыфӀэщ цӀыху лъэпкъыу Зиусхьэныр Тхьэуэ зиӀэр. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden