Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 142 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


142-нэ Уэрэд Тхьэм и дэӀэпыкъуэгъум папщӀэ тхьэлъэӀу
Даут и уэрэд

1 Зиусхьэн, си тхьэлъэӀу къызэхэх; уи щыпкъагъэкӀэ къедэӀу си лъэӀум; щыпкъэу уиӀэмкӀэ зыкъысхуэгъазэ,

2 срыуиӀурыщӀэщи, хьэкум къыстумыщӀыхь, сыту жыпӀэмэ псэухэм ящыщ Уэ уи пащхьэ хей щыхъунукъым.

3 Бийр си ужь итщ, си гъащӀэр щӀым хиутащ; куэд щӀауэ лӀахэм яхуэдэу кӀыфӀым сыщыпсэуну сищӀащ;

4 Аращ, гукӀуэдыгъуэ щӀыпӀэ ситщ, гууэ сиӀэри, щтэм къыхэкӀыу, бзагуэ хъуащ.

5 Сигу къокӀыж пасэрей махуэхэр, согупсыс уи ӀуэхущӀагъэ псоми, уэ уи ӀэкӀэ блэжьа Ӏуэхухэр сигукӀэ зэхызоху сэ.

6 Си Ӏэхэр ныпхузоший Уэ; псы хуэлӀа щӀыгум хуэдэу, си псэр къыпщӀохъуэпс.

7 ЩӀэхыу зыкъысхуэгъазэ, Зиусхьэн; си гум хулъэкӀыжыркъым; хьэдрыхэ кӀуэжхэм хуэдэ сымыхъун щхьэкӀэ, уи нэгу сщумыгъэпщкӀу.

8 Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым и хъыбар пщэдджыжьым зэхэзгъэх, сыту жыпӀэмэ сыпщогугъ. СызэрыкӀуэн хуей гъуэгур сыгъащӀэ, сыту жыпӀэмэ си гур Уэ пхузэӀузох.

9 Си бийхэм саӀэщӀэх, Зиусхьэн; щхьэегъэзыпӀэу уи деж сынокӀуэ.

10 ПфӀэигъуэр згъэзэщӀэну сыгъасэ, Уэращ си Тхьэр; Уэ уи Псэ ЛъапӀэм и фӀыгъэкӀэ гъуэгу занщӀэ-захуэм сришэ.

11 Уи цӀэм и хьэтыркӀэ, Зиусхьэн, сыкъегъэл; щыпкъагъэу зепхьэмкӀэ къиныпӀэм сыкъишыж.

12 МыкӀуэдыж лъагъуныгъэу пхэлъымкӀэ си бийхэр зэтеукӀэ, къыспэув псори гъэкӀуэд, сэ срыуиӀурыщӀэри.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan