Уэрэд 141 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр141-нэ Уэрэд Уэращ си щхьэегъэзыпӀэр Даут бгъуэнщӀагъым щыжиӀа тхьэлъэӀу 1 МакъышхуэкӀэ зыхузогъазэ сэ Зиусхьэным, си макъкӀэ солъэӀу Абы; 2 къыщысӀуэтащ Абы и пащхьэ си тхьэусыхафэр; нахуэ хуэсщӀащ си гухэщӀыр. 3 Си псэм хулъэмыкӀыж щыхъукӀэ, уи нэӀэ си гъуэгум къытетщ Уэ. Абыхэм щэхуу си гъуэгум хъы къытрагъэуващ. 4 Ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ соплъэ, ауэ зыми гу къыслъитэркъым сэ; щхьэегъэзыпӀэ сиӀэжкъым, зы цӀыхуми сыкъридзэжыркъым. 5 Сыноджэ Уэ, Зиусхьэн, жызоӀэ: «СэркӀэ щхьэегъэзыпӀэу, псэ зыӀутым я дунейм сытетыху, Уэращ сызыхуэныкъуэр». 6 Си гухэщӀ макъым къедэӀу, гуащӀаджэ сыхъуащ; сащыхъумэ сыкъезыхуэкӀхэм – сэр нэхърэ нэхъ гуащӀэшхуэщ ахэр. 7 Уи цӀэм щӀыхь хуэсщӀын папщӀэ, сыкъишыж хьэпсым. Щыпкъагъэ зиӀэхэр, фӀыгъуэу къысхуэпщӀам щхьэкӀэ, къыщызэруугъуеинущ си деж. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden