Уэрэд 140 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр140-нэ Уэрэд Пщыхьэщхьэ тхьэлъэӀу Даут и уэрэд 1 Зиусхьэн! Сыноджэ уэ, къыздэӀэпыкъу; щӀэхыу къэс си деж, си тхьэлъэӀу къызэхэх, сыноджэ щыхъукӀэ. 2 Жьэрымэ гурыхьым хуэдэу уи пащхьэ ирехьэ си тхьэлъэӀур; си Ӏэр къызэрыпхуэсӀэтыр си пщыхьэщхьэ къурмэн хуэдэ ирехъу. 3 Зиусхьэн, си бзэм ӀункӀыбзэ ети, си Ӏупэр быдэу убыд; 4 ЩӀэпхъаджагъэ зезыхьэ цӀыхухэм сащӀыгъуу бзаджагъэ щӀэным зестыну си гур думыгъэхьэх, абыхэм я ефэ-ешхэшхуэм щыщ Ӏыхьэ къысӀуумыгъахуэ. 5 Срегъэпшынэж щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхум: ар гущӀэгъущ, къыщӀрегъэщ абы си къуаншагъэ; ар си щхьэм къемыгуэуэн дагъэ дэгъуэщ; ауэ си лъэӀухэр абыхэм я бзаджагъэм поув. 6 Абыхэм я пашэхэр бгы задэм кърадзыхауэ, зэтеджэлауэ зэхэлъщ, ялъагъу си псалъэхэр зэрыщыпкъэр. 7 ЩӀыгур зэгуаупщӀыкӀыурэ, дызэхагъэщащэм хуэдэщ; ди къупщхьэхэр хьэдрыхэ жьэпкъым жьэдолъалъэ. 8 Ауэ уи деж, Зиусхьэн, Зиусхьэн, сыноплъэ; щхьэегъэзыпӀэу уи деж сынокӀуэ, утыкум си закъуэу сыкъыумынэ. 9 Сэр папщӀэ ягъэува лъахъэм сыщыхъумэ, бзаджащӀэхэм я лъэхъум. 10 БзаджащӀэхэр зырызыххэурэ ирехуэж я хъым, сэ сщхьэщыкӀыурэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden