Уэрэд 139 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр139-нэ Уэрэд Тхьэм укъихъумэным и тхьэлъэӀу УэрэдыӀуэхэм я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд 1 ЦӀыху бзаджэхэм сащыхъумэ, Зиусхьэн; сащыхъумэ залымыгъэ зезыхьэ цӀыхухэм. 2 Абыхэм ягукӀэ бзаджагъэ къагупсыс; махуэ къэс зэщыхьэнхэу, цӀыхухэр зэщӀагъаплъэ. 3 Я бзэгур ягъэжан, блэ хуэдэ; блэм и щхъухьыр я бзэгум хэлъщ. 4 СаӀэщӀумыгъахуэ, Зиусхьэн, бзаджащӀэхэм, залымыгъэ зезыхьэу, сыщагъэуэн зигу илъхэм сащыхъумэ. 5 ЗыкъызыфӀэщӀыжхэм убыдыпӀэхэр схуагъэпщкӀуащ, хъыхэр къысхуагъэӀэгъуащ, гъуэгу Ӏуфэхэм лъэхъу щрадзащ абыхэм. 6 Зиусхьэным жесӀащ сэ: «Уэ узи-Тхьэщ»; къызэхэх, Зиусхьэн, си тхьэлъэӀу макъ! 7 Зиусхьэн, си Зиусхьэн, си хъумакӀуэ лъэщ! Тажым хуэдэу, сыкъэпхъумащ зауэм щыгъуэ. 8 ЗыщӀэхъуэпсыр йомыт цӀыху бзаджэм, Зиусхьэн; гухэлъ бзаджэу ищӀар къыдумыгъэхъу, зыкъыфӀэщӀыжынущи. 9 Сыкъэзыувыхьахэм я щхьэ къаӀэтащи, я бзэгум и Ӏеягъэр езыхэм ятрехуэж. 10 Ятрехуэ абыхэм мафӀэ дэпхэр, мафӀэм хрехуэ, щыхупӀэ куухэм ирехуэх, къыдэмыкӀыжынхэу. 11 Бзэгузехьэм и Ӏуэху щӀыгум къыщыдремыхъу; залымыгъэ зезыхьэр и бзаджагъэм трекӀуэдэж. 12 СощӀэ, хэутэн ящӀахэр Зиусхьэным и хьэкум иухеинщ, тхьэмыщкӀэхэм папщӀэ захуагъэр Абы игъэпсынщ. 13 Щрет апхуэдэу! Щыпкъагъэ зигу илъхэм щӀыхь хуащӀынщ уи цӀэм; гупцӀанэхэр щыпсэунщ уи пащхьэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden