Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 137 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


137-нэ Уэрэд Тхьэм арэзыныгъэ хууиӀэным и уэрэд
Даут и уэрэд

1 Сигу псомкӀи щӀыхь пхузощӀ тхьэхэм я пащхьэм уэрэд щыпхужызоӀэ;

2 Уи унэшхуэ лъапӀэм зыхуэзгъэзауэ, щхьэщэ пхузощӀ, мыкӀуэдыжын лъагъуныгъэу пхэлъымрэ уи щыпкъагъэмрэ папщӀэ уи цӀэм щӀыхь хузощӀ: сыту жыпӀэмэ щыӀэ псоми нэхърэ Уэ уи цӀэрэ уи псалъэрэ нэхъ лъагэу къэпӀэтащ.

3 Сыныщоджэ махуэм Уэ сыкъыхэпхащ си гуащӀэм хэбгъэхъуащ.

4 Уи псалъэхэр щызэхахкӀэ, Зиусхьэн, щӀым тет пащтыхь псоми Уэ щӀыхь къыпхуащӀынщ,

5 уэрэд хужаӀэнщ Зиусхьэным и гъуэгухэми, Зиусхьэным и щӀыхьыр ин дыдэщ.

6 Зиусхьэныр лъагэщ, цӀыху къызэрыгуэкӀми хуэгумащӀэщ, пагэри жыжьэ ещӀ.

7 Къиныгъэм сыкъаухъуреихьмэ, си псэр къэпхъумэнщ, си бийхэм я губжьым уи Ӏэр тепшиенщ, сэ Уэ Ӏэ ижьым къиныпӀэм сыкърешыж.

8 Зиусхьэным гухэлъу къысхуиӀэр къысхуищӀэнщ, мыкӀуэдыжын уи лъагъуныгъэр щыӀэнщ игъащӀэкӀэ, Зиусхьэн, Уэ къэбгъэхъуа лъэпкъыр гум иумыгъэху.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan