Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 136 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


136-нэ Уэрэд Хамэ хэку кърахуам и уэрэд
Даут и уэрэд

1 Бавилэн хэкум и псы Ӏуфэхэм, Цион къалэр дигу къыщыкӀыжым, дыщыгъуащ дэ, абдеж дыщысу.

2 Абдеж къыщыкӀ пхъэщабэхэм дэ фӀэддзащ ди пшынэ дыкъуакъуэхэр.

3 Гъэр дызыщӀахэм – уэрэд яжетӀэну, егъэзыгъэу дызыгъэпсэухэр дгъэгуфӀэнхэу къыджаӀащ: «КъыджефӀэ Цион уэрэдхэм щыщ».

4 Зиусхьэным и уэрэд хамэ щӀыгум сыт щхьэкӀэ дэ щыжытӀэну?

5 Ерусалим, усщыгъупщэмэ, си Ӏэ ижьыр прегъукӀ.

6 Си бзэгур си джийм иреубыд, сигу уимылъынумэ, Ерусалим я нэхъ гуфӀэгъуэу сымылъытэнумэ.

7 Ерусалим щаубыда махуэм эдом цӀыхухэм абы иращӀар уигу игъэлъ, Зиусхьэн. «Зэхэвгъэщащэ, зэхэфкъутэ лъабжьэм нэсу» жаӀэурэ.

8 Бабилэн зыхъунщӀа! Уэ къыдэпщӀам хуэфащэр уэзыгъэпшыныжынур насыпыфӀэщ!

9 НасыпыфӀэщ, уэ уи сабийхэр ищтэу, зыукӀынухэр, мывэм ириудэкӀыурэ!

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan