Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 135 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


135-нэ Уэрэд Тхьэм щӀыхьыр хуэфащэщ

1 Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ, Ар фӀыщ, мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр.

2 Тхьэхэм я Тхьэжым щӀыхь хуэфщӀ, мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр.

3 Зиусхьэнхэм я Зиусхьэныжым щӀыхь хуэфщӀ, мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

4 Зи закъуэу Ӏуэхушхуэ щӀагъуэхэр зэфӀэзыхын зылъэкӀым – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

5 акъылыфӀагъэкӀэ уафэхэр къэзыгъэщӀам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

6 щӀыгур псыхэм тезыгъэувам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

7 къэзыгъэнэху ин дыдэхэр къэзыгъэщӀам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

8 дыгъэр – махуэр зэригъэкӀуэну, мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

9 мазэр, вагъуэхэр зэрагъэкӀуэну, жэщыр – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

10 мысыр щыпэлъхухэр игъэкӀуэду – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

11 израил лъэпкъыр Мысырым къизышыжам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

12 Ӏэ быдэкӀэ, Ӏэ лъэщкӀэ ар зыщӀам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

13 Хы Плъыжьыр зэгуэзыгъэкӀам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

14 Израил абы пхрызышам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

15 Хы Плъыжьым фирхьэунри абы и дзэри хэзыдзам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

16 и цӀыху лъэпкъыр губгъуэ нэщӀым пхрызышам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

17 пащтыхьышхуэхэр зыгъэкӀуэдам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

18 зыукӀам пащтыхь цӀэрыӀуэхэр – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

19 эморхэм я пащтыхь Сихон зыукӀам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

20 башанхэм я пащтыхьу Ог зи цӀэр зыукӀам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

21 абыхэм я щӀыгур Ӏыхьэу зытам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

22 израил цӀыхухэу и ӀурыщӀэхэм Ӏыхьэ яхуэзыщӀам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

23 щхьэкӀуэ къыдах щыхъум дэ зигу дыкъэкӀыжам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

24 ди бийхэм дакъыӀэщӀэзыхам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

25 пкъынэ-лынэу щыӀэр зыгъашхэм – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;

26 щӀыхь хуэфщӀ уафэхэм я Тхьэм – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan