Уэрэд 134 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр134-нэ Уэрэд ЩӀыхь уэрэд Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ 1 Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь хуэфщӀ, щӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным и ӀурыщӀэу, 2 Зиусхьэным и унэ ӀуэхущӀэхэм, ди Тхьэм и унэшхуэм и пщӀантӀэм дэтхэм. 3 Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ, Зиусхьэныр – фӀыщ; уэрэд хужыфӀэ и цӀэм; сыту жыпӀэмэ ар тхъэгъуэ дыдэщ. 4 Сыту жыпӀэмэ Екъуб зыхухихащ Зиусхьэным, Езы еину къыхихащ Израил лъэпкъыр. 5 Сэ сощӀэ Зиусхьэныр зэрыин дыдэр, ди Зиусхьэныр тхьэ псоми нэхърэ зэрынэхъ лъагэр. 6 Уафэми, щӀылъэми, хыхэми, хыхэм я кууупӀэхэми Зиусхьэным щегъэпс зыхуей псори; 7 щӀым и гъунэм къыщыдрешей уафапшэхэр, уэшх къешх щыхъукӀэ, уафэр къегъэхъуэпскӀ, Езым и хэщӀапӀэм жьыбгъэр къреш. 8 Абы игъэкӀуэдащ Мысырым и щыпэлъхухэр – цӀыхум къыщыщӀидзэу былымхэм нэсу. 9 Абы и нэщэнэхэр, и телъыджэхэр Мысырым щаригъэлъэгъуащ, фирхьэунми абы и цӀыхухэми. 10 ЦӀыху лъэпкъыбэхэр игъэкӀуэдащ, иукӀащ пащтыхь лъэщхэри: 11 эмор пащтыхьу Сихон, башан пащтыхьу Ог, ханаанхэм я пащтыхь псори; 12 я щӀыгури Ӏыхьэу итащ, Ӏыхьэ хуэхъуну Израил и цӀыху лъэпкъым. 13 Зиусхьэн! ИгъащӀэкӀэ щыӀэнщ уи цӀэр, щӀэблэ зэкӀэлъыкӀуэхэм ягу уилъынщ. 14 Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным и цӀыху лъэпкъым и хьэкум Ӏуэхум хейуэ хигъэкӀынщ, и ӀурыщӀэхэм гущӀэгъу хуищӀынщ. 15 Хамэ лъэпкъхэм я тхьэ нэпцӀхэр – дыжьынщ, дыщэщ – цӀыху ӀэщӀагъэщ ахэр. 16 Ӏупэ яӀэщ, ауэ псэлъэфхэркъым; нэ яӀэщ, ауэ зыри ялъагъуркъым; 17 тхьэкӀумэ яӀэщ, ауэ зэхахыркъым, я жьэхэм жьы къашэркъым. 18 Абыхэм хуэдэ ирехъу ахэр зыщӀхэр, абыхэм ящыгугъхэр. 19 Израилым и лъэпкъым щӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным! Хьэрунхэм я дин пашэхэм Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ. 20 Лэуихэм я унэ! Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ. Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэм Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ. 21 Ерусалим зи псэупӀэ Зиусхьэным Цион къалэм фыдэту щӀыхьышхуэ хуэфщӀ. Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden