Уэрэд 131 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр131-нэ Уэрэд Тхьэм и унэшхуэм и щӀыхь. УдэкӀуеиным и уэрэд 1 Уигу игъэлъ, Зиусхьэн, Даут къину илъэгъуа псор; 2 уигу къэгъэкӀыж Зиусхьэным тхьэлъану хуищӀар, Екъуб и Тхьэ лъэщым псалъэ зэрыритар; 3 «СыщӀыхьэнкъым си унэ шэтырым, си гъуэлъыжыпӀэм секӀуэлӀэжынкъым; 4 си нэм жей естынкъым; си напӀэхэр къезгъэхуэхынкъым, 5 Зиусхьэным естыху щӀыпӀэ, Екъуб и Тхьэ лъэщым – псэупӀэ». 6 Тхьэм и цӀыхухэм ярищӀылӀа зэгурыӀуэныгъэр зыдэлъ пхъуантэм и хъыбар Евфрат щызэхэтхащ, ЯӀар и губгъуэхэм къыщыдгъуэтащ ар. 7 «И псэупӀэ дыкӀуэнщи, и лъакъуэ зытетым деж щхьэщэ хуэтщӀынщ». 8 Уи гупсэхупӀэ унэшхуэм кӀуэ, Зиусхьэн – Уэри зэгурыӀуэныгъэм и пхъуантэу уи лъэкӀыныгъэшхуэр къэзыгъэлъагъуэри. 9 Дин пашэу уиӀэхэм щыпкъагъэр я фащэ ирехъу, уи цӀыху лъапӀэхэри макъышхуэкӀэ ирегуфӀэ. 10 Даут, уи ӀурыщӀэм, и хьэтыркӀэ, пащтыхьыну къыхэпхам нэмыплъ йомыт. 11 Зиусхьэным щыпкъагъэкӀэ Даут псалъэ быдэ иритыгъащ, и псалъэм епцӀыжынукъым ар; «Уэ къыпхуэхъуну къуэхэм ящыщ уи тахътэ тезгъэтӀысхьэнщ, 12 зэгурыӀуэныгъэ ядэсщӀми, унафэ яхуэсщӀми, уи къуэхэр абыхэм яхуэщыпкъэмэ, абыхэм я къуэхэри уи тахътэм игъащӀэм тесынщ абы щыгъуэм». 13 Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным Цион къалэр къыхихащ; ар псэупӀэ зыхуищӀыну фӀэигъуэ хъуащ. 14 «Мыр игъащӀэкӀэ си гупсэхупӀэщ, мыбы цӀыхухэр щызгъэӀурыщӀэнщ; сыту жыпӀэмэ апхуэдэу хъумэ, сфӀэигъуащ. 15 Цион къалэр зыхущыщӀэ псори ирикъуу езгъэгъуэтынщ, тхьэмыщкӀэу дэсхэр згъэшхэнщ щӀакхъуэкӀэ. 16 И дин пашэхэм япкъ къикӀыу, цӀыхухэр мыкӀуэду къезгъэлынщ. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэр макъышхуэкӀэ къэгуфӀэнщ. 17 Даут къытехъукӀынухэм ящыщ пащтыхьышхуэ щысщӀынщ, хэсха пащтыхьыр, уэздыгъэм хуэдэу, Цион къалэм къыщызэщӀэзгъэнэнщ, и тепщэныгъэ лъызгъэкӀуэтэнщ. 18 Абы и бийхэм я напэр трезгъэхынщ, абы езым и дыщэ тажыр лыдыжу щхьэрыгъынщ». |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden