Уэрэд 13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр13-нэ Уэрэд ЦӀыхухэм я бзаджагъэм хуагъэхь УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд 1 Акъылыншэм игукӀэ жеӀэ: «ЩыӀэкъым Тхьэ». Абыхэм напэншагъэхэр зэрахьэ, ахэр щыкӀащ, фӀы зылэжь яхэткъым. 2 Зиусхьэныр уафэгум къоплъыхри, дуней цӀыхухэм къахоплъэ, акъыл зиӀэрэ Езым лъыхъурэ яхэтмэ, зригъэлъагъуну. 3 Тхьэм и гъуэгум текӀащ псори, щхьэрыуэри гъуэщащ; фӀы зыщӀэ яхэткъым – зы нэрыбги яхэткъым. 4 Ер зезыхьэ псоми зэхэщӀыкӀ ямыӀэу аращ – щӀакхъуэ зэрашхым хуэдэу, си цӀыху лъэпкъыр зышххэм, Тхьэм емылъэӀухэм. 5 Шынагъуэшхуэм зэлъиубыдынщ ахэр, сыту жыпӀэмэ Тхьэр къыхуэпэжхэм ящӀыгъущ. 6 ЦӀыху тхьэмыщкӀэм гухэлъу иӀэр вгъэкӀуэдыну жыфӀащ, ауэ Зиусхьэныращ абы и щхьэегъэзыпӀэр. 7 Цион Ӏуащхьэ къикӀыу, хэт израил лъэпкъым къыхуэкӀуэнур бийхэм къаӀэщӀихыжыну? Зиусхьэным и лъэпкъыр гъэрыпӀэм къыщришыжкӀэ, Екъуб къытехъукӀахэр гуфӀэгъуэшхуэм зэлъищтэнщ, Израил и щылъхухэм къахуэкӀуэнщ гурыфӀыгъуэшхуэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden