Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 129 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


129-нэ Уэрэд ГуэныхьыщӀэ цӀыхум и тхьэлъэӀу

1 Гукъеуэм я кууупӀэм сыхэту, Уэ сыноджэ, Зиусхьэн.

2 Зиусхьэн! Къызэхэх си макъыр. Си лъэӀу псалъэхэм я макъым уи тхьэкӀумэхэр къыхуресакъ.

3 Уэ, Зиусхьэн, бзаджагъэхэр плъытэмэ, хэт, Зиусхьэн, умыгъэкъуаншэу къэнэнур?

4 Ауэ Уэ яхубогъэгъу, фӀэлӀыкӀ къыпхуаӀэн папщӀэ.

5 Зиусхьэным сыхуэзэшу сожьэ, си гугъапӀэщ Абы и псалъэр;

6 Къэрэгъулыр пщэджыжьым зэрыпэплъэм нэхърэ, нэхъ сожьэ Зиусхьэным, пэжщ, къэрэгъулыр пщэджыжьым зэрыпэплъэм нэхърэ.

7 Щрегугъ Израилыр Зиусхьэным; лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр Зиусхьэным ейщи, Абы гуащӀэшхуэ иӀэщ ухишыжыну.

8 Езыращ мыхъумыщӀагъэу иӀэ псоми Израилыр къаӀэщӀэзыхыжынур.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan