Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 128 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


128-нэ Уэрэд Зиусхьэным щхьэхуитыныгъэ къет
УдэкӀуэеным и уэрэд

1 Израил цӀыхухэм жреӀэ: «Израил икъежьапӀэ зэрызэфӀэувэ лъандэрэ куэдрэ дыкърахуэкӀащ,

2 Израилыр зэрызэфӀэувэ лъандэрэ куэдрэ дыкърахуэкӀащ, ау къытпэлъэщын ялъэкӀакъым.

3 Си тхым шыващ вакӀуэхэр, си тхыцӀэм щыпхашащ вагъэбзумэ кӀыхьхэр».

4 Ауэ захуэщ Зиусхьаныр; цӀыху бзаджэхэм сакъиӀэщӀихащ.

5 Цион зылъагъу мыхъу псори я напэр текӀауэ лъэныкъуэ иригъэзащ.

6 КъэмыкӀыурэ унащхьэм щыгъужа удзым хуэдэ ирехъу;

7 мэшыхым и Ӏэгум из хуремыхъу, Бганэпхыр – Ӏэпхъуамбэ хуэдиз;

8 блэкӀхэм жаӀэнкъым: «Зиусхьэным и нэфӀ къыфщрехуэ». «Зиусхьэным и нэфӀ къыфщрехуэ!» – жаӀэнкъым мэшыхэм.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan