Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 127 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


127-нэ Уэрэд ЦӀыху насыпыфӀэр
УдэкӀуеиным и уэрэд

1 НасыпыфӀэщ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэу Абы и гъуэгум ирикӀуэр.

2 Уи Ӏэм къалэжыр пшхыжынщ; унасыпыфӀэщ, фӀыгъуэр ууейщ уэ!

3 Уи фыз, бжьалэу зыпызым хуэдэу, уи унэ исынщ; зейтун къудамэ хуэдэ, уи къуэхэр уи Ӏэнэм пэрысынщ.

4 Апхуэдэу гъуэгу махуэ теувэнщ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэр!

5 Цион къалэм щыӀэу, Зиусхьэным и нэфӀ къыпщыхуэнщ, Махуэ къэси, упсэуху, Ерусалим и щыӀэкӀэ тхъэгъуэ урелъагъу.

6 Уи къуэхэм я къуэхэр плъагъун урехъу. Мамырыгъэр иреӀэ Израил!

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan