Уэрэд 125 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр125-нэ Уэрэд ГъэрыпӀэм къикӀыжахэм я уэрэд УдэкӀуеиным и уэрэд 1 Зиусхьэным гъэрыпӀэм дыкъришыжу, Цион къалэм дишэ щыхъум, пщӀыхьым хэтым дыхуэдащ дэ. 2 Ди гум гуфӀэгъуэр изт абы щыгъуэ, ди бзэр бзэрабзэрт. Хамэ лъэпкъхэм къытхужаӀэрт абы щыгъуэ: «Зиусхьэынм абыхэм гъэщӀэгъуэн дыдэхэр къахуищӀащ!» 3 ГъэщӀэгъуэн дыдэхэр къытхуищӀащ Зиусхьэным. Ди гум гуфӀэгъуэр изщ. 4 ГъэрыпӀэм къишыжи, Зиусхьэн, къегъэгъэзэж ди цӀыхухэм – псыхъуэ нэщӀхэм псыр къызэрыдэпшэжым хуэдэу. 5 Я нэпсхэр къыщӀэжурэ жылэ зысэхэм Ӏурехыж гуфӀэгъуэм хэту. 6 Жылэр гъыурэ зыпхъэхэм бганэхэр яӀыгъыу гуфӀэгъуэкӀэ кърырегъэзэж. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden