Уэрэд 124 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр124-нэ Уэрэд Зиусхьэныр Израил и хъумакӀуэщ УдэкӀуеиным и уэрэд 1 Зиусхьэным щыгугъыр Цион Ӏуащхьэу, и пӀэ имыкӀыу, игъащӀэкӀэ итынум хуэдэщ. 2 Ерусалим лъэныкъуэ псомкӀи Ӏуащхьэхэм къызэраухъуреижым хуэдэу, Зиусхьэныр и цӀыху лъэпкъым, иджы щегъэжьагъэу игъащӀэкӀэ, лъэныкъуэ псомкӀи къыбгъэдэтынущ. 3 Сыту жыпӀэмэ цӀыху бзаджэхэм я тепщэныгъэ башыр щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхухэм я хэкум ищхьэкӀэ Зиусхьэным иригъэтынукъым, щыпкъагъэ зиӀэхэм я Ӏэхэр мыхъумыщӀагъэхэм хуамышиин щхьэкӀэ. 4 ФӀы яхуэщӀэ, Зиусхьэн, зигу фӀыуэ, зигу щыпкъэу щытхэм. 5 Ауэ зи гъуэгу ӀуантӀэшантӀэм, бзаджагъэ зылэжьхэм ящӀыгъуу, яхуэфащэ Ӏыхьэ ялъигъэсынущ; мамырыгъэ иреӀэ Израилым. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden