Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 123 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


123-нэ Уэрэд Тхьэуэ Израилым и КъегъэлакӀуэр
УдэкӀуеиным и уэрэд. Даут и уэрэд

1 Зиусхьэныр армыратэмэ къытщӀыгъур, – жреӀэ Израил, –

2 Зиусхьэныр армыратэмэ къытщӀыгъур, цӀыхухэм зыкъыщытпаӀэтым,

3 абыхэм я губжьыр къыщытхузэщӀэнэм, драгъэлъэтэхынти дызэрыпсэууэ;

4 псыхэм драгъэтхьэлэнти, псыдзэр ди гущӀыӀу щыжэнти,

5 псы уэрышхуэхэм датхьэлэнт.

6 Абыхэм дезымыгъэшха Зиусхьэным щӀыхьыр хуэфащэщ.

7 Бзуубыдхэм я хьэшым бзур зэрикӀыжым хуэдэу, ди псэр къелащ; хьэшыр зэфӀэтхъри, дыкъикӀыжащ.

8 Уафэр, щӀылъэр къэзыгъэщӀа Зиусхьэныр арщ дэ дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъур.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan