Уэрэд 122 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр122-нэ Уэрэд ГущӀэгъум папщӀэ Уэрэд УдэкӀуеиным и уэрэд 1 Уэ, уафэм щыпсэу, си нэплъэгъуэр нызогъазэ уи деж. 2 УнэӀутхэм я нэплъэгъуэр я зиусхьэнхэм я Ӏэм зэрыхуэгъэзам хуэдэу, унэӀут бзылъхугъэр и гуащэм и Ӏэм зэреплъым хуэдэу, дэ ди нэхэр Зиусхьэну ди Тхьэм хуэгъэзащ, Абы гущӀэгъу къытхуищӀыху къэс. 3 ГущӀэгъу къытхуэщӀ, Зиусхьэн, уи гущӀэгъум дыхыумын, сыту жыпӀэмэ ирикъункӀэ Ӏумпэм дапщӀащ дэ. 4 Езыр-езыру зыхуэарэзыхэр къызэрытщыдыхьэшхым, пагэхэм нэмыплъ къызэрыдатым ирикъункӀэ драгъэшащ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden