Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 121 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


121-нэ Уэрэд Ерусалим папщӀэ тхьэлъэӀу
УдэкӀуеиным и уэрэд. Даут и уэрэд

1 «Зиусхьэным и унэшхуэм дывгъакӀуэ» къыщызжаӀэм, сыгуфӀащ сэ.

2 Мис ди лъакъуэхэр, Ерусалим, уи куэбжэхэм Ӏутщ.

3 Ерусалим къалэр ухуащ, зыуэ зэхэщӀыхьа хуэдэ.

4 Лъакъуэхэр дохьэ абы – Зиусхьэным и лӀакъуэхэр: Израилым хуагъэува хабзэмкӀэ Абы и цӀэм шӀыхь хуащӀыну.

5 Хьэкум щащӀыну тахътэхэр щагъэуващ абы, Даут и лӀакъуэ тахътэхэр.

6 Ерусалим и мамырыгъэкӀэ фыхуэлъаӀуэ: «Уэ фӀыуэ укъэзылъагъухэр фӀыуэ ирепсэу.

7 Уи дэпкъ кӀуэцӀым – мамырыгъэ, уи пщы сэрейхэм шынагъуэншагъэ щреӀэ».

8 Си къуэшхэм, си благъэ цӀыхухэм я хьэтыркӀэ Ерусалим жызоӀэ: «Мамырыгъэ угъуэт!»

9 Зиусхьэным, ди Тхьэм и унэшхуэм и хьэтыркӀэ сыпхуолъаӀуэ фӀы къыбдэхъуну.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan