Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 120 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


120-нэ Уэрэд Зиусхьэну ди хъумакӀуэр
УдэкӀуеиным и уэрэд

1 Ӏуащхьэхэм я дежкӀэ си нэплъэгъуэр согъазэ. Дэнэ къикӀыну си дэӀэпыкъуэгъур?

2 Зиусхьэным деж къокӀ си дэӀэпыкъуэгъур – уафэмрэ щӀылъэмрэ къэзыгъэщӀам деж.

3 Уигъэлъэпэрэпэнукъым Абы, щхьэукъуэнукъым укъэзыхъумэр.

4 Щыпкъэщ, щхьэукъуэркъым, хэжаеркъым Израилым и хъумакӀуэр.

5 Зиусхьэныр уи хъумакӀуэщ; Зиусхьэныр уи жьауэщ, уи Ӏэ ижьым щыт уи жьаущ.

6 Махуэм и ягъэ къуигъэкӀынкъым дыгъэм, жэщым и ягъэ – мазэм.

7 Зиусхьэным ущихъумэнщ сыт хуэдэ бзаджагъэми; уи псэр къихъумэнщ Зиусхьэным.

8 ЗекӀуэ укӀуами, къэбгъэзэжами, иджы щегъэжьауэ игъащӀэкӀэ укъихъумэнщ Зиусхьэным.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan