Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


12-нэ Уэрэд ДэӀэпыкъуэгъум хуагъэхьа тхьэлъэӀу

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд

2 Сыт хуэдизрэ, Зиусхьэн, сыпщыгъупщэпауэ сыкъэбгъэнэну, уи нэгу сыт хуэдизрэ сщыбгъэпщкӀуну?

3 Си гупсысэхэм сыт хуэдизрэ сагъэгумэщӀэну, жэщми махуэми гукъеуэм сыхэтыну? Си бийр си щыгу сыт хуэдизрэ итыну?

4 Къызэплъи, жэуап къызэт, Зиусхьэн, си Тхьэ! Си нэхэр къэгъаплъэ, лӀэныгъэм и жейм сыхыумыгъэлъафэ.

5 Си бийм къызжиӀэн лъремыкӀ: «Сэ абы сытекӀуащ». Сылъэпэрапэмэ, къыспэувхэр иремыгуфӀэ.

6 Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым сыщогугъ сэ; сымыкӀуэдыну Уэ сыкъызэребгъэлынур си гуфӀэгъуэщ; си Зиусхьэну фӀыкӀэ къысхущытым сэ щӀыхь уэрэд хужысӀэнщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan