Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 119 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


119-нэ Уэрэд Шынагъуэм хэтым и тхьэлъэӀу
УдэкӀуеиным и уэрэд

1 Си гухэщӀым сыхэту, Зиусхьэным селъэӀуати, Абы сызэхихащ.

2 «Уэ, Зиусхьэн! ПцӀыупсхэм я псалъэм хьилэшыхэм я бзэм сыщыхъумэ».

3 Бзэгу хьилэм сыт къыпхуищӀынур, сыт абы фӀыуэ къыпхуихьынур?

4 ДзэлӀым и шабзэшэ папцӀэхэм исурэ мафӀэ дэпым хуэдэщ бзэгур.

5 Сымыгъуэщ сэ, Мэшэх деж сыщыӀэщи, кедар цӀыхухэм я псэупӀэм ситщи.

6 Мамырыгъэр зылъагъу мыхъухэм куэдыщэрэ садэпсэуащ.

7 Сэ сымамырщ; ауэ «мамырыгъэ» зэрыжысӀэу, абыхэм зауэ къаӀэт.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan