Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 118 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


118-нэ Уэрэд Зиусхьэным и хабзэ

1 Зи гъуэгу къабзэхэр гъуэгу махуэ теуващ – Зиусхьэным и хабзэм и гъуэгу ирикӀуэхэр.

2 Гъуэгу махуэ теуващ Абы и псалъэ гъуазэхэр зыгъэзащӀэхэр, гууэ яӀэмкӀэ Абы лъыхъухэр.

3 Мыхъун ямыщӀэу, Абы и гъуэгум ирокӀуэ ахэр.

4 Ди пщэ къыдэплъхьахэм быдэу дытетыну унафэ къытхуэпщӀащ Уэ.

5 Хабзэу Уэ бгъэувахэр згъэзэщӀэну си гъуэгум лъэ быдэкӀэ срикӀуэурэ,

6 уи унафэ псоми си нэӀэ ятетмэ, напэншэ сыхъункъым.

7 ГупцӀэнагъэу сиӀэмкӀэ Уэ щӀыхь пхуэсщӀынщ, уи хьэкум и щыпкъагъэм сригъуазэурэ.

8 Хабзэу бгъэувахэр згъэзэщӀэнщ; утыкум сыкъыумынэ зэи.

9 Дауэ ирикӀуэну къабзэу и гъуэгу щӀалэр? – Уи псалъэм тету абы хуэсакъмэщ.

10 Гурэ псэкӀэ сыплъохъу: уи унафэхэм сыдомыгъэх.

11 Уи псалъэр сигу ислъхьащ – уи пащхьэ гуэныхь щызмылэжьыну.

12 ЩӀыхь пхузощӀ Уэ, Зиусхьэн! Хабзэу бгъэувахэм Уэ сыхуэгъасэ.

13 Си макъкӀэ сӀуатэ зэпытщ Уэ уи жьэ къыжьэдэкӀа хьэкумхэр.

14 Мылъкушхуэм нэхърэ нэхъ згъэлъапӀэу, уи псалъэ гъуазэхэм я гъуэгум сыщогуфӀыкӀ.

15 Согупсыс тхуэпщӀа пщэрылъхэм, уи гъуэгум си нэӀэ тетщ.

16 Хабзэу бгъэувахэм сригуфӀэнщ, сщыгъупщэркъым уи псалъэхэр.

17 Срыуи ӀурыщӀэщ, фӀы къысхуэщӀэ, сыпсэуну, згъэзэщӀэну уи псалъэхэр.

18 Си нэхэр къэгъаплъэ уи хабзэм и щӀагъуэхэр зэзгъэлъагъуну.

19 Сэ дунейм сыщыхьэщӀэщ, сфӀомыущэху уи унафэхэр.

20 Уи хьэкумхэм зэпыу имыӀэу сызэрыхуэпабгъэм сригъэшащ.

21 Уогий Уэ укӀытэ зимыӀэхэм, гыбзэ зытелъхэм, уи унафэхэм текӀхэм.

22 Мыхъун къысхужремыӀэ, Ӏумпэм сремыщӀ, уи псалъэ гъуазэхэр згъэзэщӀащи.

23 Сэ сагъэбийуэ, зэрыгъэӀущыжауэ, тепщэныгъэ зиӀэхэр зэхэсщ; хабзэу бгъэувахэм сэ, уи ӀурыщӀэр, согупсыс.

24 Уи псалъэхэр гъуазэщ, абыхэм сагъэгуфӀэ, си чэнджэщэгъущ.

25 Сабэм щыщ сыхъуащ, сыкъызэрыбгъэгугъауэ сыкъэгъэпсэуж.

26 Сэ гъуэгуу къэскӀуам и хъыбар щыпхуэсӀуатэм, сызэхэпхащ, сахуэгъазэ Уэ хабзэу бгъэувахэм.

27 Пщэрылъу къэпщӀахэм я гъуэгур къэсщӀэну къызгурыгъаӀуи, уи Ӏуэху щӀагъуэхэм сегупсысынщ.

28 Гукъеуэшхуэм си псэр егъэхыщӀэ: дыкъызэрыбгъэгугъам тету сигу къэгъэбыдэ.

29 Гъуэгу пхэнжхэм пэжыжьэ сыщӀи, фӀы къысхуэщӀэ, уи хабзэ сыгъащӀэ.

30 Сыпхуэщыпкъэным и гъуэгу къыхэсхащ, уи хьэкумхэр си пащхьэ сщӀащ.

31 СакӀэрыпщӀащ уи псалъэ гъуазэхэм, Зиусхьэн, напэншэ сумыгъэхъу!

32 СрикӀуэнщ уи унафэхэм я гъуэгум, си акъылыр нэхъ ин пщӀымэ.

33 Хабзэу бгъэувахэм я гъуэгу къэгъэлъагъуи, Зиусхьэн, гъунэм нэс срикӀуэнщ абы.

34 Акъыл къызэти, Уэ хабзэу бгъэувам сыдэхынкъым, гууэ сиӀэмкӀэ абы сытетынщ.

35 Уи унафэхэм я лъагъуэм сригъакӀуэ, абыхэм сащӀохъуэпсри.

36 Мылъкуракъым, уи псалъэ гъуазэхэм сигу хуэгъазэ.

37 Си нэм Ӏуэху мыфэмыцым япэӀух, уи гъуэгу сытету гуащӀэ къысхэлъхьэ.

38 ФӀэлӀыкӀ къыпхузиӀэхэм епта псалъэр сэ, уи ӀурыщӀэм, къысхуэгъэщыпкъэж.

39 Сумыгъэуб, убэным сыщошынэри, сыту жыпӀэмэ уи хьэкумхэр фӀыщ.

40 Аращ, Уэ къытхуэпщӀа пщэрылъхэм сахуэлӀэ сыхъуащ; Уэ щыпкъагъэ уиӀэщи, сыкъэгъэпсэуж.

41 МыкӀуэдыжын лъагъуныгъэкӀэ къыздызекӀуэ, Зиусхьэн, сыкъызэрыбгъэгугъам тету сыкъегъэл.

42 Мыхъун къызжезыӀэхэм жэуап естынщ итӀанэ, сыту жыпӀэмэ сыщогугъ уи псалъэм.

43 СӀыумыхыпэ си жьэ къыжьэдэкӀа щыпкъагъэ псалъэр, уи хьэкумым сащогугъри;

44 Уи хабзэр згъэзащӀэ зэпытынщ игъащӀэкӀэ – лӀэщӀыгъуэм лӀэщӀыгъуэхэр кӀэлъыкӀуэу.

45 Щхьэхуиту сыкъекӀуэкӀынщ, сыту жыпӀэмэ къытхуэпщӀа пщэрылъхэр згъэзэщӀэным и ужь ситащ;

46 Уи псалъэ гъуазэхэр пащтыхьхэм я пащхьэ щысӀуэтэнщ, напэншэ сыхъункъым.

47 Уи унафэхэр си щӀасэщи, сагъэгуфӀэ.

48 Уи унафэхэу си щӀасэхэм си Ӏэхэр яхузоший, согупсыс хабзэу бгъэувахэм.

49 Уигу игъэлъ, сэ, уи ӀурыщӀэм, псалъэу къызэптар, Уэ абы сыщыбгъэгугъащ.

50 ТхьэмыщкӀагъэм сыщыхэткӀэ, гупсэхугъуэ къызэзытыр сыкъэбгъэпсэужыну сыкъызэрыбгъэгугъар арщ.

51 УкӀытэ зимыӀэ цӀыхухэр къызщодыхьэшхыпэ, ауэ Уэ уи хабзэм сэ сыдэхакъым.

52 Ижь лъандэрэ хьэкумхэу къэпщӀахэр, Зиусхьэн, сигу къыщыкӀыжкӀэ, гупсэхугъуэ согъуэтыж.

53 Уи хабзэ цӀыху бзаджэхэм якъутэу щыслъагъукӀэ, губжьым сызэлъещтэ.

54 Мы дунейм хамэу сытетыху, хабзэу бгъэувахэр уэрэду сиӀащ.

55 Уи цӀэр жэщкӀэ сигу къокӀыжри, Зиусхьэн, согъэзащӀэ уи хабзэ.

56 Аращ сигу хэзыгъахъуэр – къытхуэпщӀа пщэрылъхэр згъэзэщӀэныр арщ.

57 Сэ си ӀыхьэфӀыр, жысӀащ, Зиусхьэн, Уэ уи псалъэхэр згъэзэщӀэныр арщ.

58 СигукӀэ щӀэзмыуфэу сынолъэӀу. Сыкъызэрыбгъэгугъауэ, фӀыгъэ къысхуэщӀэ.

59 Си гъуэгухэм сегупсысащ сэ, псалъэ гъуазэ къэпщӀахэм си лъэр хуэзунэтӀащ.

60 СыхуопӀащӀэ, уи унафэхэр згъэзэщӀэныр сщӀыркъым кӀыхьлыхь.

61 КъызагъэувэкӀ цӀыху бзаджэхэм я хъыр уи хабзэ сэ сщыгъупщэркъым.

62 ЩыпкъагъэкӀэ блэжьа хьэкумхэм папщӀэ щӀыхь пхуэсщӀыну жэщ ныкъуэм сыкъотэджыж сэ.

63 ФӀэлӀыкӀ Уэ къыпхуизиӀэ псоми къахуэпщӀа пщэрылъхэр зыгъэзащӀэхэм срагъусэщ.

64 Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр, Зиусхьэн, щӀыгум тезщ; сыхуэгъасэ хабзэу бгъэувахэм.

65 Псалъэу къызэптам тету, сэ, уи ӀурыщӀэм, фӀы къысхуэпщӀащ, Зиусхьэн.

66 Уи унафэхэм уасэ яхуэсщӀыну икӀи абыхэм сащыгъуэзэну, сыгъащӀэ; сыту жыпӀэмэ уи унафэхэр си фӀэщ мэхъу.

67 Къин шэчыным сыхыумыгъахуэурэ, сыгъуэщэгъащ, ауэ иджы согъэзащӀэ уи псалъэхэр.

68 Уэ уфӀщ, фӀыгъуэри къысхубощӀэ. Хабзэу бгъэувахэм, Зиусхьэн, сыхуэгъасэ.

69 УкӀытэ зимыӀэ цӀыхухэм пцӀы схузэрахъэ; сигурэ си псэкӀэ къытхуэпщӀа пщэрылъхэр сэ согъэзащӀэ.

70 Абыхэм ягухэм зыхащӀэр мащӀэ хъуащ, сэ уи хабзэхэм срогуфӀэ.

71 СэркӀэ фӀыгъуэщ къин шэчыным сызэрыхэхуар – зэзгъэщӀэн папщӀэ хабзэу бгъэувахэр.

72 Уи жьэ къыжьэдэкӀа хабзэр – дыжьын, дыщэ миным нэхърэ нэхъыфӀщ сэркӀэ.

73 Уи Ӏэхэм сыкъагъэщӀащ, сагъэпсащ; зэхэзэгъэщӀыкӀи, зэзгъэщӀэнщ уи унафэхэр.

74 Къыпщышынэхэм сыкъалъагъунщи, уи псалъэм сызэрыщыгугъым папщӀэ ахэр гуфӀэнщ.

75 Уэ уи хьэкумхэр зэрызахуэр сощӀэ, Зиусхьэн, захуагъэкӀэ сэ Уэ сыбгъэпшынащ.

76 Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым гупсэхугъуэ къызрет, сэ, Уэ уи ӀурыщӀэм, псалъэу къызэптам тету.

77 Уи гущӀэгъур къыслъреӀэс, итӀанэ сэ сыпсэунщ; бгъэува хабзэм сэ срогуфӀэ.

78 УкӀытэ зимыӀэхэр напэншэ ирехъу, лажьэ симыӀэу срагъэзащ; согупсыс къытхуэпщӀа пщэрылъхэм.

79 ФӀэлӀыкӀ Уэ къыпхузиӀэхэм, уи псалъэ лъапӀэхэр зыщӀэхэм зыкъысхурегъазэ.

80 Сигу етауэ, сахуоӀурыщӀэ хабзэу Уэ бгъэувахэм напэншэ сымыхъун папщӀэ.

81 Сыкъебгъэлыным сыпэплъэурэ, си псэр изоухылӀэ; уи псалъэм сыщогугъ.

82 Сыкъызэрыбгъэгугъам щӀэхъуэпсурэ, си нэхэр йогъукӀ; сэ жызоӀэ: «Сыт щыгъуэ гупсэхугъэ сыщыбгъэгъуэтынур?»

83 Фэр Ӏугъуэм зэрищӀым хуэдэу, сэ сызэхогъуэ, ауэ сщыгъупщакъым хабзэу Уэ бгъэувахэр.

84 Махуэ дапщэкӀэ иджыри сыпэплъэну сэ, Уэ уи ӀурыщӀэр, сыщӀэзыхуэхэм хьэкум сыт щыгъуэ щатепщӀыхьынур?

85 УкӀыти нэхъуеи зимыӀэхэм мащэр схуатӀащ, Уэ бгъэува хабзэхэм текӀауэ.

86 Щыпкъэщ уи унафэ псори; пцӀыр къызаупцӀурэ сыкърахуэкӀ; дэӀэпыкӀуэгъу къысхуэхъу.

87 ЩӀым сыщагъэкӀуэд пэтащ; ауэ сыбгынакъым къытхуэпщӀа пщэрылъхэр.

88 Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымкӀэ си псэр къегъэл, згъэзэщӀэнщ уи жьэ къыжьэдэкӀ псалъэ гъуазэхэр.

89 МыкӀуэдыжыну, Зиусхьэн, уи псалъэ уафэгум щыгъэбыдаш.

90 ЛӀэщӀыгъуэхэр зэкӀэлъыкӀуэу уи щыпкъагъэр щыӀэ зэпытынщ. Уэ щӀыгур бгъэуващи, и пӀэ ар быдэу итщ.

91 Уэ уи хабзэхэм тету зэрыбгъэпсауэ, псори иджыри къыздэсым щытщ, щыӀэ хъуа псори Уэ къыпхуоӀурыщӀэри.

92 Уэ бгъэува хабзэр си гурыфӀыгъуэу щымытатэмэ, си хьэзабым секӀуэдылӀэнти.

93 ИгъащӀэкӀэ сщыгъупщэнкъым пщэрылъ къэпщӀахэр, абыхэмкӀэ сэ сыкъэбгъэпсэужащ.

94 Уэ сруейщ сэ – сыкъегъэл; сыту жыпӀэмэ пщэрылъ къытхуэпщӀахэм я ужь ситщ, згъэзэщӀэну.

95 ЦӀыху бзаджэхэр къызожэ сагъэкӀуэдыну; ауэ сэ уи псалъэ гъуазэхэм согупсыс.

96 ЩыӀэм я нэхъ нэсахэм гъунэ зэраӀэр слъэгъуащ; ауэ Уэ уи унафэр гъунэншэу инщ.

97 Сыту си щӀасэ Уэ бгъэува хабзэр! Махуэ псом абы согупсыс.

98 Си бийхэм нэхърэ нэхъ Ӏущ сищӀащ уи унафэм, ар дапщэщи си гъусэщ.

99 Сезыгъаджэ псоми нэхърэ нэхъ Ӏущ сыхъуащ; сыту жыпӀэмэ сэ согупсыс уи псалъэ гъуазэхэм.

100 НэжьӀужьым я нэхъыбэ сощӀэ, пщэрылъ къытхуэпщӀахэр дапщэщи сигу илъщи.

101 Уи псалъэ згъэзэщӀэн пащӀэ, си лъэр сыт хуэдэ гъуэгу пхэнжи тезгъэувэркъым зэи.

102 Уи хьэкумхэм защыздзейркъым, сыту жыпӀэмэ сэ Уэ сыбогъасэ.

103 Уи псалъэхэр сыту фӀэӀэфӀ си бзэгум! Ахэр сэркӀэ фом нэхърэ нэхъ дэгъуэщ.

104 Пщэрылъ къытхуэпщӀахэм акъыл къызатащ; абы къыхэкӀкӀэ слъагъу хъуркъым сыт хуэдэ гъуэгу пхэнжри.

105 Уи псалъэр си лъакъуэм и уэздыгъэщ, си лъагъуэм и нэхунэщ ар.

106 Уи хьэкумхэу щыпкъагъэ зыхэлъхэм сытетыну тхьэлъанэ сщӀащи, ар згъэзэщэнщ.

107 Сыдэкъузауэ сохь сэ, Зиусхьэн; псалъэу къыдэптам тету сыкъэгъэпсэуж.

108 АтӀэ, Зиусхьэн, сэр-сэрэу си бзэкӀэ щӀыхь къурмэну пхуэсщӀыр сӀыхи, уи хьэкумхэр къызгурыӀуэну сыгъасэ.

109 Шынагъуэм си псэр хохуэ зэпымыууэ, ауэ Уэ бгъэува хабзэр сщыгъупщэркъым.

110 Сэр папщӀэ хъы ягъэуващ цӀыху бзаджэхэм; ауэ садэхыркъым пщэрылъ къытхуэпщӀахэм.

111 Уи псалъэ гъуазэхэр мыкӀуэдыжыну си Ӏыхьэщ, сыту жыпӀэмэ гукъыдэж къызат абыхэм.

112 Уэ хабзэу бгъэувахэр игъащӀэкӀэ згъэзэщӀэну, гъунэм нэсыху сигу ислъхьащ сэ.

113 Слъагъу хъуркъым цӀыху гуитӀщхьитӀхэр, ауэ уи хабзэр си щӀасэщ.

114 Уэ узихъумапӀэщ, узимэӀущ; уи псалъэм сэ сыщогугъ.

115 Фэ, бзаджащӀэхэ, спэжыжьэ зыфщӀи, си Тхьэм и унафэхэм срикӀуэнщ.

116 Псалъэу къызэптам тету сыкъэгъэбыди, сэ сыпсэунщ; гугъапӀэу сиӀэмкӀэ сыщӀомыгъэгъуэж.

117 СыкъэӀэти, сыкъелынщ сымыкӀуэду, хабзэу бгъэувахэм си нэӀэ тезгъэтынщ зэпымыууэ.

118 Хабзэу бгъэувахэм ядэх псори Ӏумпэм уощӀ, я гухэлъ нэпцӀхэр хьэулейщи.

119 ЦӀыху бзаджэу щӀым тет псори сахуэм хуэдэу уолъытэ, абы щхьэкӀэ фӀыуэ слъэгъуащ уи псалъэ гъуазэхэр.

120 ФӀэлӀыкӀыу пхузиӀэм къыхэкӀыу, си пкъынэ-лынэр мэкӀэзыз, уи хьэкумхэм сащошынэ.

121 Къэзлэжьащ сэ захуагъи щыпкъагъи, егъэзыгъэ сызыщӀхэм саӀэщӀумылъхьэ.

122 Сэ, уи ӀурыщӀэм, фӀы къызэхъулӀэн папщӀэ, къыздэӀэпыкъу, укӀыти нэхъуеи зимыӀэхэм егъэзыгъэ сремыщӀ.

123 Сыкъебгъэлыным, сыкъызэрыбгъэгугъам тету, сызыхэхуам сыкъыхэпшыжыным пэплъэурэ, си нэхэр йогъукӀ.

124 Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым тету, сэ, уи ӀурыщӀэм, къыспегъуэкӀ, хабзэу бгъэувахэм сыхуэгъасэ.

125 Сэ срыуиӀурыщӀэщ; зэхэзгъэщӀыкӀи, уи псалъэ гъуазэхэр къызгурыӀуэнщ.

126 Зиусхьэным и ӀуэхущӀэгъуэ къэсащ; уи хабзэр якъутащ.

127 Щыпкъэщ, уи унафэхэр фӀыуэ солъагъу; дыщэм, дыщэ къабзэм нэхърэ.

128 Пщэрылъ къытхуэпщӀа псоми яхузогъазэ си лъэбакъуэхэр; слъагъу хъуркъым сыт хуэдэ гъуэгу пхэнжри.

129 Уи псалъэ гъуазэхэр щӀагъуэ дыдэщ, абы къыхэкӀкӀэ саблэкӀыркъым сымыгъэзащӀэу.

130 Уи псалъэхэр ягурыбгъаӀуэурэ, ахэр цӀыхухэм нэхунэ яхуохъу: цӀыху къызэрыгуэкӀхэм зэхэщӀыкӀ къарет.

131 Си жьэ Ӏурыхуауэ, содэӀу уи унафэхэм, сахуопабгъэ сэ абыхэм.

132 Си дежькӀэ зыкъэгъази, фӀыгъуэ къысхуэщӀэ, уи цӀэ зи щӀасэхэм уадызекӀуэу уи хабзэщи.

133 Дыкъызэрыбгъэгугъам тету, си лъэр гъэбыдэ, бзаджагъэ гуэри къыстемыкӀуэну Уэ щӀы.

134 Сезыгъэз цӀыхухэм саӀэщӀэх, пщэрылъ къытхуэпщӀахэр згъэзэщӀэнщ.

135 Уи нэгум и нэхунэ къыстегъапсэ сэ, уи ӀурыщӀэм, сыгъащӀэ хабзэу бгъэувахэр.

136 Уэ хабзэу бгъэувахэр якъутэри, си нэпсыр къыщӀож.

137 Щыпкъагъэр зыбохьэ Уэ, Зиусхьэн, уи хьэкумхэр захуэщ.

138 Псалъэ гъуазэу къытхуэбгъэнахэр щыпкъэщ, дзыхь зрагъэзщ.

139 Фыгъуэм сеух, си бийхэм уи псалъэхэр ящыгъупщащи.

140 Къабзэ дыдэщ Уэ псалъэу къыдэптар, сэ, уи ӀурыщӀэм, ар фӀыуэ солъагъу.

141 СыцӀыкӀущ сэ, сыкърадзэркъым, ауэ сщыгъупщэркъым Уэ пщэрылъ къытхуэпщӀахэр.

142 Уэ уи щыпкъагъэр мыкӀуэдыжын щыпкъагъэщ, уи хабзэри щыпкъагъэ дыдэщ.

143 Сызэлъаубыдащ гузэвэгъуэм, гухэщӀым, ауэ уи унафэхэм гухэхъуэ язогъуэтылӀэ.

144 Уи псалъэ гъуазэхэр щыпкъэщ сыт щыгъуи, – зэхэщӀыкӀ къызэт сыпсэуну.

145 СигукӀэ си псэкӀи сыноджэ: сызэхэх, Зиусхьэн, хабзэу бгъэувахэр згъэзэщӀэнщ.

146 Сыноджэ сэ Уэ: сыкъегъэли, уи псалъэ гъуазэхэм срикӀуэнщ.

147 УкъыздэӀэпыкъуну сыноджэ нэхущым и пэ; уи псалъэм сыщогугъ сэ.

148 Жэщ къэрэгъулым нэхъапэ йощ си нэхэр, уи псалъэм куууэ сегупсысын си мураду.

149 Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымкӀэ къызэхэх си макъыр, Зиусхьэн; уи захуагъэм и фӀыгъэкӀэ къегъэл си псэр.

150 БзаджагъэкӀэ сыкъезыхуэкӀхэр къэблэгъащ; Уэ уи хабзэм пэжыжьэщ ахэр.

151 Ауэ благъэу ущыӀэщ Уэ, Зиусхьэн, уи унафэ псоми дзыхь худощӀ.

152 Уи псалъэ гъуазэхэр мыкӀуэдыжыну зэрыбгъэувар куэд щӀащ зэрысщӀэрэ.

153 Сызыхэт тхьэмыщкӀагъэм къеплъи, сыкъыхэшыж; сыту жыпӀэмэ сщыгъупщэркъым сэ уи хабзэр.

154 Си Ӏуэхум къыхэлажьи, щхьэхуит сыщӀ, уи псалъэкӀэ сыкъэгъэпсэуж.

155 ЦӀыху бзаджэхэр псэууэ къэнэжыным пэжыжьэщ, уи унафэхэм хуэмыныкъуэу ялъытэри.

156 Уэ уи гущӀэгъур ин дыдэщ, Зиусхьэн; уи захуагъэкӀэ сыкъэгъэпсэуж.

157 Куэдщ сыкъезыхуэкӀыу, бийуэ сиӀэр, ауэ уи псалъэ гъуазэхэм сытекӀыркъым.

158 Къыпхуэмыщыпкъэхэр солъагъури, ӀумпӀэм сощӀ ахэр, уи унафэхэр ягъэзащӀэркъым абыхэм.

159 Пщэрылъ къытхуэпщӀахэр зэрызищӀасэр къэлъагъу, уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым и хьэтыркӀэ сыкъегъэл, Зиусхьэн.

160 Уэ уи псалъэм и лъабжьэр щыпкъагъэщ, уи хьэкум щыпкъэхэр мыкӀуэдыжынщ.

161 Тепщэныгъэ зиӀэхэм сызэрахуэ сылажьэншэу; ауэ сигукӀэ фӀэлӀыкӀ хузиӀэщ уи псалъэм.

162 Мылъкушхуэ къызыхэхъуам хуэдэу уи псалъэм сегъэгуфӀэ.

163 ПцӀыр слъагъу хъуркъым, зыщызодзей; Уэ уи хабзэр сэ фӀыуэ солъагъу.

164 Уи щыпкъагъэм и хьэкумхэм папщӀэ махуэм блэнейрэ щӀыхь пхузощӀ Уэ.

165 Гупсэхуныгъэшхуэ ягъуэт Уэ уи хабзэр фӀыуэ зылъагъухэм, ахэр зэтезубыдэн щыӀэкъым.

166 Сыпщогугъ сыкъебгъэлынкӀэ, Зиусхьэн, согъэзащӀэ уи унафэхэри.

167 Уи псалъэ гъуазэхэм я гъуэгу сигукӀэ сытетщ, ахэр фӀы дыдэу солъагъу.

168 Пщэрылъ къытхуэпщӀахэри уи псалъэ гъуазэхэри согъэзащӀэ; сыту жыпӀэмэ уи пащхьэщ сэ си гъуэгухэр.

169 Си гуӀэ макъыр къыплъреӀэс, Зиусхьэн; Сыкъызэрыбгъэгугъауэ, акъыл сэгъэгъуэт.

170 Уи пащхьэ кърехьэ си тхьэлъэӀур; сызэрыбгъэгугъам тету сыхэшыж.

171 Уэ хабзэу бгъэувахэр сыбогъащӀэри, щӀыхь пхуэсщӀынщ.

172 Уэ уи псалъэм уэрэд хужысӀэнщ си бзэкӀэ; сыту жыпӀэмэ уи унафэ псори захуэщ.

173 Уи Ӏэр дэӀэпыкъуэгъуу среӀэ – пщэрылъ къытхуэпщӀахэм срикӀуэну.

174 СымыкӀуэду сыкъебгъэлыным сыхуопӀащӀэ, Зиусхьэн, уи хабзэм сегъэгуфӀэ.

175 Си псэр ирепсэу; щӀыхьи пхурещӀ, уи хьэкумхэри дэӀэпыкъуэгъу къысхурехъу.

176 Мэл щхьэрыуауэ сыгъуэщащ сэ: сэ, уи ӀурыщӀэр, сыкъэгъуэтыж; сыту жыпӀэмэ сщыгъупщакъым сэ уи унафэхэр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan