Уэрэд 117 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр117-нэ Уэрэд ТекӀуэныгъэм папщӀэ щӀыхь тхьэлъэӀу 1 Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ, сыту жыпӀэмэ Ар фӀыщ, кӀуэдыжынкъым лъагъуныгъэу дэ Абы къытхуиӀэр. 2 Израилым и цӀыхухэм нобэ жыфӀэ: «Абы и лъагъуныгъэр мыкӀуэдыжынщ». 3 Дин пашэ псоми нобэ жыфӀэ: «Абы и лъагъуныгъэр мыкӀуэдыжынщ». 4 Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэм нобэ жыфӀэ: «Абы и лъагъуныгъэр мыкӀуэдыжынщ». 5 Гузэвэгъуэм сыхэту Зиусхьэным селъэӀуати, Абы сызэхихри, щӀыпӀэ зэгъым сыкъишащ. 6 Зиусхьэныр къызгуэтщи, сыкъэщтэнкъым, сыт къызищӀэфын сэ цӀыхум? 7 Зиусхьэныр дэӀэпыкъуэгъуу къызгуэтщ; си жагъуэгъухэм ятекӀуауэ слъагъунщ. 8 ЦӀыхум ущыгугъ нэхърэ Зиусхьэныр щхьэегъэзыпӀэ пщӀымэ, нэхъыфӀщ. 9 Тепщэныгъэ зиӀэхэм уащыгугъ нэхърэ Зиусхьэныр щхьэегъэзыпӀэ пщӀымэ, нэхъфӀщ. 10 ЦӀыху лъэпкъыу щыӀэ псоми сыкъаувыхьащ, ауэ Зиусхьэным и фӀыгъэкӀэ хэзгъэщӀащ ахэр. 11 Ӏуву сыкъауреихьащ, ауэ Зиусхьэным и фӀыгъэкӀэ хэзгъэщӀащ ахэр. 12 Бжьэ къэпщӀам хуэдэу къыстебанэхэри, пыжьей мафӀэу кӀуэдыжащ; Зиусхьэным и цӀэкӀэ сэ ахэр хэзгъэщӀащ. 13 Сраудын я мураду, лъэщу къыстезэрыгуат ахэр, ауэ Зиусхьэныр сэ къыздэӀэпыкъуащ. 14 Зиусхьэныращ гуащӀэ къызэзытыр, Аращ си уэрэдыр зэхьэлӀар; си КъегъэлакӀуэу хъуащ Ар. 15 Тхьэм хуэщыпкъэхэм псэупӀэу яӀэм текӀуэныгъэм и гуфӀэгъуэ макъыр щоӀу: «Куэд дыдэщ Тхьэм и Ӏэ ижьым хузэфӀэкӀыр! 16 И Ӏэ ижьымкӀэ мауэ Зиусхьэныр, ятрешащӀэ Зиусхьэным и Ӏэ ижьыр, Абы хузэфӀэкӀыр бэ дыдэщ!» 17 СылӀэнкъым, сыпсэун нэхъ, згъэӀунущ Зиусхьэным и ӀуэхущӀагъэхэр. 18 Сигъэпшынащ Зиусхьэным ткӀийуэ, ауэ ажалым сыкъыӀэщӀихащ. 19 КъысхуӀуфх Тхьэм и унэшхуэм и куэбжэр, абы сыщӀыхьэнущ, щӀыхь хуэсщӀынщ Зиусхьэным. 20 Мыращ Зиусхьэным и куэбжэр; Абы хуэщыпкъэхэр абы дыхьэнущ. 21 ЩӀыхь пхузощӀ сызэхэпхыу, сыкъызэребгъэлам папщӀэ. 22 УхуакӀуэхэм хыфӀадзыжа мывэр а унэр зытезыӀыгъэ мывэ лъабжьэ хъужащ. 23 Мыр Зиусхьэным и ӀэщӀагъэ Ӏуэхущ, ар дэркӀэ щӀагъуэ дыдэщ. 24 Мыр Зиусхьэным къигъэщӀа махуэщ; дыщывгъэгуфӀыкӀ, дыхуэвгъэжан абы. 25 ДынолъэӀу, Зиусхьэн, дыкъегъэл, дынолъэӀу, къыддэгъэхъу ди Ӏуэхухэр! 26 Гъуэгу махуэ теуващ Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэр. Зиусхьэным и унэ диту, Абы и нэфӀ къытщыхуэну долъаӀуэ. 27 Зиусхэныр Тхьэщ, фӀы къытхуищӀащ, къудамэхэр фӀыгъыу, махуэшхуэр фыублэ, къурмэнщӀыпӀэр къэфкӀухь. 28 Сэ си Тхьэр Уэращ: щӀыхь пхуэсщӀынщ; си Тхьэр Уэращ: уи цӀэр лъагэу сӀэтынщ. ЩӀыхь пхузощӀ сызэпхыу, сыкъызэребгъэлам папщӀэ. 29 Зиусхьэным и щӀыхьыр фӀэт, мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden