Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 115 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


115-нэ Уэрэд

1 Си фӀэщхъуныгъэм сытекӀакъым сэ, гухэщӀышхуэ сиӀэу жысӀами.

2 Гузэвэгъуэм сыхэту жысӀэгъащ: «ЦӀыхум ущыгугъыныр пщӀэншэщ».

3 Зиусхьэным фӀыуэ къысхуищӀа псоми пэкӀуэу сыт Абы хуэсщӀэжынур?

4 Санэпс зэрыт Ӏэгубжьэр Зиусхьэным хуэсӀэтынщ сыкъызэрыригъэлам папщӀэ.

5 Зиусхьэным и цӀыху псоми я пащхьэ ситу, псалъэу Абы естар згъэпэжынщ.

6 Хуэщыпкъэ цӀыхухэм лӀэныгъэр къалъыӀэсыныр ЗиусхьэнымкӀэ лъапӀэ.

7 Зиусхьэн! Уэ срыуиӀурыщӀэщ си анэ зэрыуиӀурыщӀауэ. Ӏэхъулъэхъухэр Уэ степхащ.

8 ЩӀыхьыр къурмэныпхъэуэ Уэ пхуэсщӀынщ, Зиусхьэным селъэӀунщ сэ.

9 Зиусхьэным и цӀыху псоми я пащхьэ ситу, псалъэу Абы естар згъэпэжынщ,

10 Зиусхьэным и унэшхуэм и пщӀантӀэм сыдэту, Ерусалим и гупэ сыщыӀэу! Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan