Уэрэд 114 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр114-нэ Уэрэд ЛӀэныгъэм къыӀэщӀихыжа лӀым. Тхьэм щӀыхь хуещӀ 1 Зиусхьэным си тхьэлъэӀу, си лъэӀу макъ зэхихащи, Ар фӀыуэ солъагъу; 2 и тхьэкӀумэр къысхуигъэзащи, сыпсэуху сэ Абы селъэӀунщ. 3 Ажал Ӏэхъулъэхъум сызэщӀаубыдащ, хьэдрыхэ и шынагъуэхэр сэ къыстеуащ; сыхэхуащ гузэвэгъуэ – нэщхъеягъуэм. 4 Абы щыгъуэ селъэӀуащ Зиусхьэным: «Зиусхьэн! Си псэр къегъэл». 5 Хьэлэлщ Зиусхьэныр, иӀэщ щыпкъагъэ ди Тхьэ гущӀэгъущӀэм. 6 Зиусхьэным цӀыху гупцӀанэхэр къехъумэ; къару симыӀэу сыхъуати, сыкъригъэлащ. 7 Сигу, тыншыгъуэу уиӀар зэгъэгъуэтыж, сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным уэ фӀыгъуэр къуипэсащ. 8 Си псэр ажалым къыӀэщӀэпхыжащ Уэ, си нэхэр – нэпсым, си лъакъуэхэр лъэпощхьэпом ящыпхъумащ. 9 Зиусхьэным и нэӀэм сыщӀэту, псэухэм я щӀыгу къыщызокӀухь. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden