Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 113 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


113-нэ Уэрэд ӀутӀыж уэрэд

1 Израил цӀыхухэр Мысырым къыщикӀыжым, Екъуб къытепщӀыкӀахэр хамэбзэкӀэ псалъэ цӀыху лъэпкъыр къыщабгынэм,

2 Иудэ – Зиусхьэным и лъэпкъ лъапӀэу, Израилыр – Абы и унейуэ хъуащ.

3 Къилъагъури хыр, ежэжьащ; Иордан псыри зэщӀэкӀуэжащ.

4 Къущхьэхэр, мэлым хуэдэу, ежажьэри, зэхэзежэ хъуащ, Ӏуащхьэхэр, щынэхэм хуэдэу, дэпкӀей – дэлъейуэ зэрехьэжьащ.

5 Сыт, хы, къыпщыщӀар, Сыт ущӀежэжьар? Сыт, Иордан, къыпщыщӀар, узэщӀэмыкӀуэу мыхъуну?

6 Сыт фэ, къущхьэхэр, мэлым хуэдэу, сыт Ӏуащхьэхэр, щынэм хуэдэу, фыщӀыдэпкӀей – дэлъейр?

7 Зиусхьэным и пащхьэ щыкӀэзыз, щӀыгу, Екъуб и Тхьэм и пащхьэ щыкӀэзыз,

8 абрэмывэр – гуэл, мывэр псы къэкӀуапӀэ зыщӀам и пащхьэ.

9 Дэракъым, Зиусхьэн, дэракъым щӀыхь зыхуэфащэр, щӀыхьыр уи цӀэм хуагъэфэщащ, уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ уи щыпкъагъэмрэ папщӀэ.

10 Хамэ лъэпкъхэм сыт щхьэкӀэ жаӀэн: «Дэнэ щыӀэ абыхэм я Тхьэр?»

11 Дэ ди Тхьэр уафэгум итщ; зыхуей псори ещӀэ.

12 Езыхэм я тхьэхэр – цӀыху ӀэщӀагъэщ, дыжынымрэ дыщэмрэ къыхэщӀыкӀауэ.

13 Абыхэм жьэ яӀэщ, ауэ псалъэркъым, абыхэм нэ яӀэщ, ауэ ялъагъуркъым;

14 тхьэкӀумэ яӀэщ, ауэ абыхэм зэхахыркъым; пэ яӀэщ, ауэ мэ къащӀихьэркъым;

15 Ӏэ япытщ, ауэ здынэсыр ящӀэркъым; яӀэщ лъакъуэ, ауэ ахэр зекӀуэркъым; абыхэм я джийм макъ кърагъэкӀын ялъэкӀыркъым.

16 Ахэр зыщӀри, абыхэм ящыгугъри, я тхьэхэм хуэдэ ирехъу.

17 Израил лъэпкъ! Зиусхьэным щыгугъ! Ар фи дэӀэпыкъуэгъущ, фи мэӀущ.

18 Хьэрун дин пашэхэ! Зиусхьэным фыщыгугъ! Ар фи дэӀэпыкъуэгъущ, фи мэӀущ!

19 Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэр, фыщыгугъ Зиусхьэным! Ар фи дэӀэпыкъуэгъущ, фи мэӀущ.

20 Зиусхьэным игу дилъщ, Абы и нэфӀ къытщыхуэнщ, Израили Хьэрун дин пашэхэми къащыхуэнщ Абы и нэфӀ;

21 Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэм, цӀыкӀуи ини, къащыхуэнщ и нэфӀ.

22 Зиусхьэным нэхъыбэ, нэхъыбэ къыфхрегъахъуэ – фи сабийхэми фэри.

23 Уафэгуи щӀыгуи къэзыгъэщӀа Зиусхьэным и нэфӀ къыфщрехуэ.

24 Уафэгур Зиусхьэным ейщ, щӀыгур къаритащ цӀыхум.

25 ЛӀахэракъым Зиусхьэным щӀыхь хуэзыщӀыр, хэгъэгу макъыншэм еххэракъым.

26 Ауэ хуэтщӀынщ Зиусхьэным щӀыхь – иджы щегъэжьауэ игъащӀэкӀэ Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan