Уэрэд 112 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр112-нэ Уэрэд Зиусхьэныр хьэлэлщ, щӀыхь хуэдвгъэщӀ Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ 1 ЩӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным, Абы хуэӀурыщӀэхэм, Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь хуэфщӀ! 2 Иджы щегъэжьауэ игъащӀэкӀэ Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь хуэфщӀ. 3 Дыгъэ къуэкӀыпӀэм къыщежьэу, къухьэпӀэм нэсу, Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь хурещӀ! 4 Зиусхьэныр цӀыху лъэпкъ псоми лъагэу ящхьэщытщ; Абы и щӀыхьыр уафэгум ищхьэкӀэ нос. 5 Хэт Зиусхьэну ди Тхьэм хуэдэр: Ар лъагэм щыпсэуурэ, 6 зыкъеший, щӀыгумрэ уафэгумрэ къеплъыну; 7 къыхехыж тхьэмыщкӀэр сабэм, къыхехыж хэутэн ящӀар 8 пщыхэм ябгъурегъэтӀысхьэж – зыщыщ лъэпкъым ипщхэм; 9 фыз мылъхуэр анэ хъуауэ, сабийм ящыгуфӀыкӀыу, унэм ирегъэтӀысхьэж. Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ! |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden