Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 111 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


111-нэ Уэрэд Щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхум. Тхьэм и нэфӀ зэрыщыхуэр
Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ

1 Гъуэгу махуэ теуващ Зиусхьэным щышынэу, Абы и унафэхэм лъэщу щыгуфӀыкӀ цӀыхур.

2 Абы къытепщӀыкӀахэр щылъэщынщ щӀыгум; Езым хуэщыпкъэхэм Тхьэм и нэфӀ къащихуэнщ.

3 Абы и унэм мылъкушхуэрэ къулеигъэрэ илъщ, абы и щыпкъагъэр игъащӀэкӀэ щыӀэнщ.

4 Нэхунэр кӀыфӀым къащыхуонэху цӀыху захуэхэм; ахэр фӀыщ, гущӀэгъу зиӀэщ, Тхьэм хуэщыпкъэщ ахэр.

5 ЦӀыхуфӀщ – гущӀэгъу зыхэлъу, щӀыхуэ зыту, захуагъэкӀэ зи Ӏуэху зезыхьэр;

6 ар лъэпэрэпэнкъым игъащӀэкӀэ, ягу илъынщ Тхьэм хуэщыпкъэр игъащӀэкӀэ.

7 Игу къеуэн хъыбар къыжраӀэным щышынэркъым; Зиусхьэным щогугъри, игурэ и щхьэрэ зэтелъщ.

8 Абы игу зэщыуэркъым, шынэркъым, и бийхэм Тхьэр ятекӀуэну мэгугъэри.

9 Абы и мылъкур игуэшащ хьэлэлу, тхьэмыщкӀэхэм яритащ ар, абы щыпкъагъэу Тхьэм хуиӀэр кӀуэдынкъым, Тхьэм абы хуегъэфащэ щӀыхьрэ гуащӀэрэ.

10 Ар елъагъури, цӀыху бзаджэм игу къоуэ, и дзэр зэригъэшхыу, зелыгъуэж. ЦӀыху бзаджэм къыӀэщӀыхьэнкъым зыщӀэхъуэпсыр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan