Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 110 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


110-нэ Уэрэд Тхьэм и Ӏуэху щӀагъуэхэр
Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ

1 Тхьэм хуэщыпкъэхэм я зэӀущӀэгъуэм уи щӀыхь пхуэсщӀынщ, Зиусхьэн, сигу псори къыздеӀэу.

2 Зиусхьэным и Ӏуэхухэр инщ, ахэр зигу ирихь псори абыхэм яхогупсысыхь.

3 Абы и Ӏуэхур икъукӀэ щытхъу зыпылъщ, дахэщ, игъащӀэкӀэ щыӀэнщ Абы и щыпкъагъэ.

4 Абы и Ӏуэху щӀагъуэхэр цӀыхухэм ягу къагъэкӀыж; хьэлэлщ, гущӀэгъущӀщ Зиусхьэныр.

5 Шынагъэ хузиӀэхэм Абы ерыскъы къарет; зэгурыӀуэныгъэу къарищӀылӀар игу илъ зэпытщ игъащӀэм.

6 И ӀуэхущӀагъэхэм гуащӀэу хэлъыр и цӀыхухэм къаригъэлъэгъуащ Абы, хамэ лъэпкъхэм я щӀыгур къаритурэ.

7 Щыпкъэщ Абы и ӀэщӀагъэхэр, захуэщ, пщэрылъ ищӀахэр дзыхьщӀэгъу защӀэщ.

8 ИгъащӀэкӀэ къалэн къащищӀащ ахэр цӀыхухэм щыпкъагъэрэ гупцӀэнагъэкӀэ ягъэзэщӀэну.

9 Абы и цӀыху лъэпкъыр щхьэхуит ищӀащ; мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэ къарищӀылӀащ. ЛъапӀэщ, шынагъуэщ Абы и цӀэр!

10 АкъылыфӀагъэм и лъапсэщ Зиусхьэным и шынагъэ уигу илъыныр; Абы и пщэрылъхэр зыгъэзащӀэ псоми я зэхэщӀыкӀ тэрэзщ. Зиусхьэным щӀыхьыр ейщ игъащӀэкӀэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan