Уэрэд 11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр11-нэ Уэрэд ДэӀэпыкъуэгъум хуагъэхьа тхьэлъэӀу 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Бзэпсий зэрылъ пшынэкӀэ дежьууэ. Даут и уэрэд 2 ЦӀыху бзаджэхэм даӀэщӀэхыж, Зиусхьэн: сыту жыпӀэмэ цӀыхуфӀ къэнэжакъым, щыпкъагъэ къыпхуизыӀэ яхэтыжкъым дунейм и цӀыхухэм. 3 Нэрыбгэ къэс пцӀы зэхуаупсыж; щытхъу нэпцӀ къаӀуатэ я бзэмкӀэ, фэрыщӀыгъэкӀэ мэпсалъэ. 4 Зиусхьэным ирегъэувыӀэ щытхъу нэпцӀ жызыӀэ жьэ псори, зыщытхъуж бзэгухэр, 5 мыпхуэдэу жызыӀэхэр: «Ди бзэгум хэлъщ ди гуащӀэ, ди лъэкӀыныгъэр – ди жьэр; хэт ди зиусхьэныр?» 6 «ТхьэмыщкӀэхэм къину ялъагъум, зыри зимыӀэм я тхьэусыхэм папщӀэ иджы зыкъэсӀэтыжынщ, – жеӀэ Зиусхьэным, – зэрафӀэигъуэм хуэдэу, шынагъуэ ямыӀэу згъэпсэунщ». 7 Зиусхьэным и псалъэхэр псалъэ къабзэщ, кӀыщ мафӀэм блэнейрэ щагъэткӀуу щагъэкъэбза дыжьыным хуэдэщ. 8 Уэ, Зиусхьэн, къытхуэсакъ, нобэрей цӀыхухэм дащыхъумэ. 9 ЦӀыху бзаджэхэр дэнэкӀи щызэхэзокӀуэ – бзаджагъэм и щытхъум цӀыхухэм зыщыхаӀэтыкӀа зэманым. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden