Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 109 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


109-нэ Уэрэд Мэссихь – Пащтыхьщ икӀи Дин пащэщ
Даут и уэрэд

1 Си Зиусхьэным къыхуигъэхьауэ мыр Тхьэуэ Зиусхьэным и псалъэщ: «Уи бийхэр лъэгущӀэтын сщӀыху, си ижьырабгъумкӀэ уэ щыс».

2 Уи гуащӀэм и дамыгъэ башыр Цион кърыригъэхынщи, Зиусхьэным Уэ къыпхуигъэхьынщ: тепщэныгъэр уи бийхэм яку щыӀыгъ.

3 Уи бийхэм ущезауэ махуэм езыхэм яфӀэигъуэу, уи цӀыхухэр Уэ къыбдеӀэну хьэзырщ. Нэхущым и пэ къихуэу, уэсэпсыр къызэрехым хуэдэу, уи ныбжьыщӀэгъу къыпхуэкӀуэнщ.

4 Тхьэуэ Зиусхьэным псалъэ быдэ итащи, щӀегъуэжынкъым: «Мелхиседек хуэдэу, уэри удин пашэнщ игъащӀэкӀэ».

5 Тхьэуэ Зиусхьэныр уэ, пащтыхьым, уи ижьырабгъумкӀэ щыӀэщ, Абы и губжьыгъуэ махуэм пащтыхьхэр зэтриукӀэнущ;

6 ЦӀыху лъэпкъым хьэкум ятрищӀыхьынущ, щӀым хьэдэр тезыбзэ ищӀынущ, щӀыгу псом пащтыхьхэр щрикъухьынущ.

7 Пащтыхьыр гъуэгу тету псыуэ жэм ефэнщ, абы папщӀэ и щхьэр лъагэ ищӀынщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan