Уэрэд 108 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр108-нэ Уэрэд ТхьэмыщкӀагъуэм хэт цӀыхум Тхьэм зыхуегъазэ УэрэдыӀуэхэм я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд 1 ЩӀыхьу сщӀым и Тхьэ, зумыущэху! 2 Сыту жыпӀэмэ цӀыху бзаджэхэм, хьилэшыхэм я жьэм сыжьэдэлъщ, псалъэ нэпцӀкӀэ ящӀ си гугъу. 3 Лажьэ симыӀэу, си хъуреягъкӀэ сыкъаувыхь жагъуэгъу псалъэкӀэ, сыхьэкъыншэу сагъэбий. 4 Сэ Тхьэм сахуелъэӀу пэтрэ, си лъагъуныгъэм папщӀэ сагъэкъуаншэ абыхэм. 5 Си фӀыщӀагъэм бзаджагъэкӀэ къыпогъуэкӀ, си лъагъуныгъэм – лъагъумыхъуныгъэкӀэ. 6 ХьэкумыщӀэ бзаджэр хуэгъэув си бийр игъэкъуэншэну, езым и уэчыл игъэкъуэншэну ирехъу. 7 Хьэкум щӀыгъуэм ар къуаншэ ирехъу, и тхьэлъэӀуи гуэныхь хурырехъу; 8 и махуэхэр кӀэщӀ ирехъу, и мылъкури нэгъуэщӀым лърес, 9 и сабийхэр ибэ ирехъу, и щхьэгъусэри фызабэу къренэ; 10 кърекӀухь и сабийхэм лъэӀуакӀуэу, я унэ зэхэкъутам щӀреху; 11 щӀыхуэ къезытым езы и мылъку псори фӀретхьэкъу, и ӀуэхущӀагъэ псори хамэ Ӏыхьэ ирехъу; 12 гущӀэгъу хуэзыщӀын къремыхъу, и сабий зеиншэхэм – къахуэгумэщӀыну. 13 ЛъапсэкӀуэд ирехъу абы къытепщӀыкӀахэр, къэкӀуэну щӀэблэхэм ящрегъупщэж абы и цӀэр. 14 Абы и адэжьхэм я мыхъумыщӀагъэр Зиусхьэным игу кърекӀыж, абы и анэм гуэныхьу ищӀар игъащӀэкӀэ иремыкӀуэдыж; 15 я гуэныхьхэр дапщэщи ирет Зиусхьэным и пащхьэм, езыхэри цӀыхум ягу къыщремыкӀыж мы щӀыгум. 16 ТхьэмыщкӀэу, щыщӀагъэ зиӀэм, зигу кӀуэдам фӀы яхуищӀэнкӀэ хуэмейуэ, лӀэжыху кърихуэкӀащ. 17 Гыбзэр фӀыуэ илъэгъуащи, ар абы къытрехуэж; Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну хуеякъыми, Тхьэм и нэфӀым пэжыжьэ ирехъу. 18 Гыбзэ фащэ зыхуищӀыжащ абы, и кӀуэцӀым ирехьэ ар, псым хуэдэу, и къупщхьэм хрехьэ, дагъэм хуэдэу. 19 Фащэ папщӀэ хурехъу ар, и бгым махуэ къэс щӀилъхьэ бгырыпхым хуэдэ ирехъу. 20 Зиусхьэным хурегъэфащэ ар сызыгъэкъуаншэхэм – сэр щхьэкӀэ мыхъунхэр жызыӀэхэм! 21 Уэ, Тхьэуэ си Зиусхьэн, уи цӀэ лъапӀэм и хьэтыркӀэ фӀы къысхуэщӀэ: уи фӀыгъэшхуэмрэ уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ папщӀэ сыхэшыж. 22 Сыту жыпӀэмэ сытхьэмыщкӀэщ, щыщӀагъэ сиӀэщ, си гукъеуэри ин дыдэщ. 23 Пщыхьэщхьэ ныбжым хуэдэу сокӀуэдыж; мацӀэ зэрахуэм хуэдэу сыкърахуэкӀ. 24 СызэрынэщӀым щхьэкӀэ си лъэр щӀощӀэ, си фэри зэтегъуащ. 25 Сэ абыхэм щӀэнэкӀалъэ сащӀащ; я щхьэхэр зэхуагъэсыс сыкъыщалъагъукӀэ. 26 Зиусхьэну си Тхьэ, къыздеӀэ, уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжкӀэ сыкъегъэл, 27 ауэ Уэ уи ӀэщӀагъэхэр ирещӀэ, зэхрещӀыкӀ ар Уэ зэрыпщӀар. 28 Къызребг ахэр, ауэ Уэ уи нэфӀ къысщыгъахуэ; ахэр къыспэуващ, ауэ я напэр текӀащ; сэ уи ӀурыщӀэщи сыгъэгуфӀэж. 29 Напэншагъэр фащэ яхурехъу сызыгъэкъуаншэхэм, емыкӀур я щыгъын ирехъу. 30 Си макъ Ӏэтауэ, щӀыхь хуэсщӀынщ Зиусхьэным си жьэкӀэ, цӀыхубэм сыхэту уи щӀыхь сӀуэтэнщ, 31 сыту жыпӀэмэ Ар тхьэмыщкӀэм ижьырабгъукӀэ щытщ, укӀ тезылъхьэхэм ящихъумэну. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden